КъБР-м и Лъэпкъ Къэрал библиотекэм щагъэлъэпIащ КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал, Ленин саугъэтхэм я лауреат, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын къызэралъхурэ илъэси 109-рэ зэрырикъур.
Библиотекэм щызэхуэсат литературэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэр, усакIуэхэр, лъэпкъым и творческэ интеллигенцэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр, Къайсын и тхыгъэхэм дихьэххэр.
- Хабзэ зэрыхъуауэ, ди усакIуэ, тхакIуэ цIэрыIуэхэр къыщалъхуа, дунейм щехыжа махуэхэм ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж, догъэлъапIэ. Нобэ дедэIуэнущ Кулиев Къайсын зыцIыхуу щытахэм я гукъэкIыж гуапэхэм. Зы унагъуэм щызэхуэсыжхэм хуэдэу, гуапэу, гум къыбгъэдэкIыу Къайсын и гугъу тщIыну сыхуейт. ЩIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн куэд зэрызэхэтхынум шэч къытесхьэркъым, - жиIащ КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIым и къуэдзэ, зэдзэкIакIуэ Мэремкъул Ларисэ.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин и псалъэм къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм цIэ куэд къызэрыхэнар, адрейхэм щапхъэ зытрахыпхъэу. Лъагъуныгъэр зэбэкI тхыгъэ купщIафIэхэр тыгъэ къытхуэзыщIа, ди литературэр зыгъэбея тхакIуэхэр, усакIуэхэр тIэтын, дгъэлъэпIэн зэрыхуейм и гугъу ищIащ Мухьэдин.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым щэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэм зегъэужьынымрэ хъыбарегъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Текуев Амырбий, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Беппаев МутIэлип, жылагъуэ лэжьакIуэ Сумаев Ахъмэт, щIэныгъэлI-филолог Гъут Iэдэм, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм и балъкъэр редакцэм и унафэщI Табаксоев Мухътар, усакIуэ, публицист Додуев Аскэр, нэгъуэщIхэри. Абыхэм жаIам гупсысэ нэхъыщхьэу хэлъар гъащIэм, мамырыгъэм, цIыхугъэм, анэ лъагъуныгъэм, зыужьыныгъэм, цIыхум дежкIэ лъапIэ нэгъуэщIхэми теухуауэ Кулиевым къызэринэкIа усэхэр зэрыуахътыншэрщ.
Зэхыхьэм хэтахэр къеджащ Кулиев Къайсын и усэхэм ящыщу нэхъыфIу ялъагъухэм.