Гъунапкъэхэр егъэкIуэд

КъБКъУ-м МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым (ИМТиИГ) и студентхэр, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ щыщ нэхъ жыджэрхэр, лъэпкъ-щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр хэтащ «Зэкъуэтыныгъэ» лъэпкъ щIалэгъуалэ лагерым.

Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным, щIалэгъуалэм я деж щэнхабзэ зэпыщIэныгъэм зыщегъэужьыным хуэунэтIа проектыр утыку къизыхьар КъБР-м и волонтёрхэм я «Гъунэгъум дэIэпыкъу» республикэ сабий-щIалэгъуалэ жылагъуэ зэгухьэныгъэрщ, абы дэIэпыкъуащ КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ и министерствэр.
Махуищым къриубыдэу лагерыр зэпсэлъэныгъэ купщIафIэхэр щекIуэкIа утыку хъуат. Хэтахэр лекцэхэм едэIуа къудейтэкъым, атIэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ зыхэт гупхэм щылажьэрт, тренингхэр щекIуэкIырт, лъэпкъхэм я хабзэхэм зыщагъэгъуазэрт, этноспорт гъэунэхуныгъэхэри зэгъусэу къызэранэкIырт.
Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм, нэхъ «IэфIхэм» ящыщт лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ мастер-классхэр. КъБКъУ-м и ИМТиИГ-м и егъэджакIуэ нэхъыжь Анищенкэ Еленэ и унафэм щIэту утыку кърахьащ ди щIыналъэм щагъэхьэзыр ерыскъы нэхъыщхьэхэр. ЩIалэгъуалэм зэгъусэу ящIащ лэкъумхэр, хъыршынхэр, нэгъуэщIхэри. Ахэр псоми зэдашхырт.
Егъэджэныгъэ программэр теухуат лъэпкъ зэгурыIуэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ зэпыщIэныгъэхэмрэ. КъБКъУ-м и ИМТиИГ-м и егъэджакIуэ нэхъыжь Кущев Станислав «Урысейм и Этнокодым» теухуа лекцэ иригъэкIуэкIащ. Ар тепсэлъыхьащ ди къэралым и щэнхабзэ зэмылIэужьыгъуэ телъыджэхэм икIи УФ-м и щIыналъэхэм къызэрыщикIухьымкIэ, Урысейм и дэтхэнэ плIанэпэми и тхыдэр зэрыкъулеймкIэ къызэхуэсахэм ядэгуэшащ, лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыдэ щапхъэхэр къахуихьурэ.
 
Зэхахахэмрэ къаIуэтахэмрэ щIагъэбыдэжащ этноспорт зэпеуэхэм хэткIэрэ, абы акъыл зэхэдзэр, IэкIуэлъакIуагъэр, зэдэIэпыкъуныгъэр япэ щрагъэщащ.
«Зэкъуэтыныгъэ» этнолагерым къигъэлъэгъуащ щэнхабзэм зэрызыщыбгъэгъуэзэфынур лекцэхэмрэ рассказхэмкIэ зэрамызакъуэр. АбыкIэ IэмалыфIщ шхыныгъуэр зэгъусэу бгъэхьэзырыныр, нэгъуэщI лъэпкъым и тхыдэр зэгъусэурэ зэбгъэщIэныр, ныбжьэгъущIэхэр къэбгъуэтыныр», - къыхигъэщащ Кущев Станислав.
Студент унагъуэхэм – гулъытэ
«Унагъуэ быдэ» федеральнэ парт проектым и координатор, Къэрал Думэм Унагъуэр хъумэнымкIэ, адэм, анагъэм, сабиигъуэм ехьэлIа IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщIым и япэ къуэдзэ Буцкая Татьянэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым лэжьыгъэ IуэхукIэ къыщыкIуам студентхэм яIущIащ, щIалэгъуалэ унагъуэ политикэм тепсэлъыхьащ, кампусым и инфраструктурэми зыщигъэгъуэзащ.
ЩIэныгъэ советым и зэIущIапIэ пэшым пэублэ псалъэкIэ къызэхуэсахэм защыхуигъэзащ КъБКъУ-м и проректор ГъукIэпщокъуэ Мурат. Абы къыхигъэщхьэхукIащ университетым Урысейм и щIыналъэхэм, хамэ къэрал пщIы бжыгъэхэм къикIа щIалэгъуалэр зэрыщеджэр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэр хабзэхэм, Хэкур фIыуэ лъагъуным зэрызэкъуигъэувэр.
ЕджапIэ нэхъыщхьэм и къалэныр къыхигъэщу, ГъукIэпщокъуэм жиIащ: «Ди университетыр IэщIагъэ, щIэныгъэ щызрагъэгъуэт щIыпIэ къудейкъым, ар щэнхабзэхэмрэ лъэпкъхэмрэ щызэIущIэ, щызэрыцIыху щIыпIэщ. Ди къалэн нэхъыщхьэр Урысейм и псэкупсэ-щэнгъасэ лъапIэныгъэхэр зыхъумэ цIыху щыпкъэхэр, хэкупсэхэр дгъэсэнырщ, ди студентхэр зы унагъуэм щызэдэпсэу хуэдэу хъун папщIэ тхузэфIэкI тщIэнырщ».
Буцкая Татьянэ къыщыпсалъэм гулъытэ хуищIащ студент унагъуэм и статусымрэ къэрал дэIэпыкъуныгъэхэмрэ ятеухуа федеральнэ законным мыхьэнэшхуэ зэриIэм. Абы гулъытэ хэха хуищIащ еджапIэ нэхъыщхьэм и демографие зэфIэкIым. Нобэ КъБКъУ-м и студент унагъуэхэм сабий I9 къыщохъу. Депутатым къыхигъэщхьэхукIащ апхуэдэ унагъуэхэр университетми къэралми я гулъытэ хэха, дэIэпыкъуныгъэ зэрыхуэныкъуэр.
«Сабий зиIэ студент унагъуэхэр университетым и цIыху хэхащ, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ унафэхэр къэзыщтэф щIалэгъуалэщ. Къэралыр хьэзырщ гулъытэ къыфхуищIыну, ауэ мыхьэнэшхуэ иIэщ социальнэ хуитыныгъэу фиIэр къыфхуэгъэсэбэпыным: къэралым цIыхухэм зэрызащIигъакъуэ Iэмал мин бжыгъэхэр щыIэщ, ахэр къэвгъэсэбэпыфу зевгъэсэн хуейщ, дэтхэнэ унагъуэ ныбжьыщIэми и пщэдейм шэч къытримыхьэн папщIэ», - жиIащ Буцкая Татьянэ.
«УпщIэ - жэуап» жыпхъэм иту студентхэр депутатым епсэлъащ еджэным, унагъуэм, IэнатIэм, IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэр лэжьапIэ гъэувыным теухуауэ.
ХьэщIэм кампусым зыщрагъэплъыхьащ, студент гъащIэр отчетхэмкIэ мыхъуу, и нэкIэ илъагъун папщIэ. ЗекIуэр щрагъэжьар университетым тхыдэмкIэ и музейрщ - еджапIэ нэхъыщхьэм и дэфтэрхэмрэ тхыгъэхэмрэ я хъумапIэрщ. Абы депутатым зыщыщигъэгъуэзащ КъБКъУ-р къызэрызэрагъэпэщрэ къызэринэкIа лъэхъэнэ нэхъыщхьэхэм.
КъыкIэлъыкIуэу ар яшащ зыуэ щыт сервис центрым – студентхэм къызэгъэпэщыныгъэ, дэфтэр Iуэхухэр псынщIэу щызэфIах «зы щхьэгъубжэ» иджырей офисым. ХьэщIэм гулъытэ хэха хуищIащ анэмрэ сабиймрэ я пэшым - адэ-анэ ныбжьыщIэ студентхэм, еджапIэ нэхъыщхьэм и лэжьакIуэ сабий зыгъуэтахэм я щIыпIэ зэлъыIухам. Псори зэхэту университетым апхуэдэ пэшищ корпус зэхуэмыдэхэм щиIэщ. Буцкая Татьянэ зэрыжиIэмкIэ, ахэр студент унагъуэхэм гулъытэ яхуэщIынымкIэ программэм и Iыхьэ нэхъыщхьэщ.
АдэкIэ Кавказымрэ Урысеймрэ щыпсэу лъэпкъхэм я хабзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ щагъэлъагъуэ Лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм яшащ хьэщIэр. Ар апхуэдэу щыIащ къалэн куэд щагъэзащIэ симуляцэ центр зиIэ Стоматологиемрэ жьэпкъ-нэпкъпэпкъ хирургиемкIэ институтым, дохутыр хъунухэр IэщIагъэм щыхуагъасэ пэшхэм, зыщаплъыхьащ университет къалэ цIыкIум и тхыдэ налкъутналмэскIэ зэджэ, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм ящIа «Дачэ №5» унэшхуэм.
Буцкая Татьянэ КъБКъУ-м и унафэщIхэмрэ студентхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ зэIухауэ зэрызэпсэлъам папщIэ. Абы къыхигъэщащ университетым унагъуэ ныбжьыщIэхэм къэралми еджапIэ нэхъыщхьэми я гулъытэр щызыхащIэ щытыкIэ къызэрыщызэригъэпэщыфар.
ЗекIуэм университетым къыщыщIедзэ
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым МенеджментымкIэ, туризмэмрэ хьэщIагъэ индустриемкIэ и институтым щекIуэкIа «Туризмэм и тхьэмахуэм» лъэныкъуэ куэд къызэщIэзыубыда Iуэхугъуэхэр хагъэхьат. Налшык автор зыплъыхьакIуэхэр щегъэкIуэкIыным къыщыщIэдзауэ Кавказым и гастрономие кодым хыхьэным, бгылъэ зекIуэхэм зыхуэгъэхьэзырыным нэсыху. Курс зэхуэмыдэхэм щIэс студентхэр туризмэр егъэджэныгъэ дерс къудей мыхъуу, псэукIэми, щIэныгъэми, хьэщIагъэми, нэгъуэщI куэдми узэрыхуигъэIущыр гурагъэIуащ.
«Туризм», «ХьэщIэщ Iуэху» унэтIыныгъэхэм я 3-нэ курсхэм щIэс, кураторхэу Тэн Залинэрэ Анищенкэ Еленэрэ я унафэм щIэт студентхэм аналитикэ, практикэ лэжьыгъэшхуэ ирагъэкIуэкIащ. Дерсым абыхэм щызэпкърахащ институтым и ассистент Инэрокъуэ Инар ирагъэкIуэкIа къэхутэныгъэ экспедицэхэм къарикIуахэр.
«Экскурсие лэжьыгъэм и лъабжьэхэр» дерсым ипкъ иткIэ, а IуэхумкIэ IэщIагъэлI хъунухэр аудиториехэм къыщIэкIри, Налшык и уэрамхэм къыдыхьащ. Аттестацэ зиIэ гидхэм я унафэм щIэту ещанэ курсым щIэсхэм ирагъэкIуэкIащ щалъхуа университетым и тхыдэм теухуа экскурсие щхьэхуэ. Япэ «IэщIагъэ гъуэгур» фIы дыдэу къызэпачащ, дяпэкIи къэхутэныгъэ куэд къапоплъэ.
«Туризм», «ХьэщIэщ Iуэху» унэтIыныгъэхэм (кураторхэр Балэ Каринэрэ Уэзы Алинэрэ) я япэ курсым щIэсхэм я деж щекIуэкIа куратор сыхьэтым студентхэр щытепсэлъыхьащ КъБР-м и турист-рекреацэ зэфIэкIышхуэм.
Абы къыщыпсэлъа ТаукIэш Мадинэ и гугъу ищIащ IэнатIэм иджы щIэуэ къыхыхьахэмрэ пщIэ зиIэ IэщIагъэлIхэм я ехъулIэныгъэхэмрэ. Зрагъэгъуэта щIэныгъэр щIагъэбыдэн папщIэ, студентхэм лэжьыгъэ пыухыкIа ирагъэкIуэкIащ: абыхэм щIыпIэ дахэхэмкIэ ар здэщыIэ къэралхэр къащIащ, «Пэж е пцIы: КъБР-м и тхыдэ щIыпIэхэр» джэгукIэм хэащ. 
Туризмэр зэкъуэшыныгъэу, ныбжьэгъугъэу, щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэм уи зэфIэкI щыбгъэунэхуфу зэрыщытыр наIуэ къащIащ «Горные люди» щIалэгъуалэ клубым хэтхэм. Абыхэм япэ курсым щIэсхэм зэIущIэ драгъэкIуэкIащ, экспедицэхэм щыIахэм я зэфIэкIхэмкIэ студентхэм ядэгуэшащ, клубым и лэжьыгъэри щагъэлъэгъуащ.
«Уи зекIуэхэм я гугъу щыпщIыжкIэ, уи гупсысэхэмкIэ адрейхэм уадэгуэшэн дэнэ къэна, атIэ къызэдэпщтэу здепшэжьэну ухуейщ», - къыхигъэщащ клубым хэт, 3-нэ курсым щеджэ Кумаковэ Инарэ. ЗэIущIэм и кIэм япэ курсым щIэсхэр ирагъэблэгъащ зи чэзу зекIуэм.
УзыIэпызышэ дерс хъуат ИМТиИГ-м и егъэджакIуэ нэхъыжь, Урыс географие зэгухьэныгъэм хэт Анищенкэ Еленэ гастрономие туризмэм теухуа и лекцэр. Абы хэтащ институтым и япэ курсым щIэсхэмрэ КъБКъУ-м и Педагогикэ колледжым и 3-нэ курсым щеджэ студентхэмрэ.
Еленэ щIалэгъуалэм яхузэпкърихащ «гастрономие щэнхабзэ код» гурыIуэныгъэр. Къэбэрдейхэм, балъкъэрхэм, урысхэм я шхыныгъуэхэр и лъабжьэу хьэщIэхэм хьэщIагъэ ехын зэрыхуейм, Iэнэр къазэрыхуэузэдыпхъэм, ари иджырей туризмэм зегъэужьыным и зы Iыхьэу зэрыщытым, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ Еленэ. 

ШэрIужь Даянэ.
Поделиться:

Читать также: