Плъагъуркъэ си гур япэ дыдэу къызэрыгъэгъар?ЦIыхум и гурыщIэр тхакIуэмрэ усакIуэмрэ хуэдэу дахэу къэзыIуэтэф щыIэу къыщIэкIынкъым. Гумрэ псэмрэ зыгъэгумэщIыр, гухэхъуэгъуэрэ псэхугъурэ къызыпкърыкI Iуэхухэр бзэ дахэкIэ, шэрыуэкIэ къагъэлъэгъуэф абыхэм. ГурыщIэ зэхуэмыдэхэр щIэщыгъуэу икIи гъэщIэгъуэну къыщигъэлъэгъуащ тхакIуэ Тхьэзэплъ и «Пшыналъэ цIыкIухэр» тхыгъэ Iэрамэм. - Сэ удз гъэгъа ныпхуэсхьри уи IэмыщIэм ислъхьати, ар уэ занщIэу къыхыфIэбдзэжащ. Сыт тыгъэр уэ щIысIыумыхар? Куэд щIауэ къэслъыхъуэрт сэ а удз гъэгъа сабэм хэбдзэжар! Нобэ ар къэсхьу сыкъэкIуэжу арати, схуэшэчакъым уи IэмыщIэм щэхуу измылъхьэн. Сыт ущIелъэпауэр а си тыгъэм?! Абы тет тхьэмпэхэм зым дахагъэ къыпхелъхьэ, адрейр лъагъуныгъэкIэ къыпхуоупсэ, ещанэм уи нэпс кърегъакIуэ. Арат сэ ар уэ къыщIыпхуэсхьар. * * *
Поделиться:
Читать также:
28.11.2026 - 17:16 →
ГукъэкIыжхэр
27.11.2026 - 15:00 →
Си сабиигъуэр тетщ лъэрыжэм
25.11.2026 - 15:19 →
«Уэшх щхъуафэхэр» къыстешхащ
23.11.2026 - 18:05 →
Данэ и щэхур
23.11.2026 - 16:00 →
ГъащIэ къагъэлъагъуэ
| ||




