Усыгъэрэ макъамэрэ

Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Малкэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ дэт унэм щекIуэкIащ усыгъэрэ макъамэрэ щызэхэухуэна литературэ пшыхь дахэ. Районым и библиотекэ системэм и унафэщI Мурат Иринэ къызэригъэпэща Iуэхум хэтащ библиотекэм и лэжьакIуэхэр, тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ, егъэджакIуэхэр, школакIуэхэр. 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсу зэрагъэувам траухуащ литературэ фестивалыр. 
Пшыхьым щIэсхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ, и усэхэм къахуеджащ физикэм хуеджа икIи ар зи IэщIагъэ, рассказхэмрэ усэхэмрэ щызэхуэхьэса тхылъ зыбжанэ зи Iэдакъэ къыщIэкIа, адыгэбзэкIи урысыбзэкIи тхэ Аслъэн Мухьэрбий. Ар къеджащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и бзылъхугъэхэм, тхэн щIэзыдзагъащIэхэм, дзэм къулыкъу щызыщIэхэм, адэжь лъахэм яхуитха усэхэм. 
Пшыхьым къыщыпсэлъащ балъкъэр усакIуэ Баккуев Артур. Абы ныбжьыщIэхэр къыхуриджащ анэдэлъхубзэр фIыуэ ялъагъуну, тхылъыр ягъэныбжьэгъуну. 
УсакIуэ-уэрэдус Мэхъуэш Маринэ къеджащ анэм, гухэлъым, щIыуэпсым, цIыху хьэл-щэнхэм, дзэм къулыкъу щызыщIэхэм ятриухуа сатырхэм. 
Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и хасащхьэм хэт, «Солнышко» сабий журналым и лэжьакIуэ, тхылъ зыбжанэ зи Iэдакъэм къыщIэкIа усакIуэ, «Яблочный спас» литературэ фестивалым и «Поэзия» Iыхьэм щытекIуа Мазуренкэ Маринэ и усыгъэм щыщ къыщеджащ пшыхьым. 
 «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Гугъуэт Заремэ пшыхьым къыщеджащ и IэдакъэщIэкIхэм щыщ. Дагъыстэн усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, тхакIуэ, «Клуб писателей Кавказа» зыфIаща зэгухьэныгъэм и унафэщI Муслимовэ Миясэт и усыгъэу урысыбзэкIэ зэридзэкIам щыщ зыбжани кърихьэлIахэр иригъэдэIуащ. 
Пшыхьым щагъэлъэпIащ иджыблагъэ районым щрагъэкIуэкIа «Стихи на языке соседа» онлайн усэ зэпеуэм щытекIуахэр. Абыхэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ яритащ Мурат Иринэ. Езы ныбжьыщIэхэри фIыуэ ялъагъу усэхэм пшыхьым къыщеджащ. 
Илъэси 7-10 хъухэм я деж бжьыпэр щиубыдащ Къанкъул Самирэ. Гуртуевэ Мелек - етIуанэ, Дыгъужь Амалие – ещанэ увыпIэхэр ялъысащ. Илъэс 12-15 зи ныбжьхэм я зэпеуэм Джэш Аринэ япэ увыпIэр, Къанкъул Азэмэт – етIуанэр, Умаров Мухьэмэт – ещанэр къахьащ. Илъэс 16-35 хъухэм я зэпеуэм япэ щыхъуащ Мэшыкъуэ Каримэ. Махуэ Мурат – етIуанэ, Джатэ Ибрэхьим – ещанэ хъуащ. УнэтIыныгъэ щхьэхуэхэм къэпщытакIуэхэм къыщыхагъэщхьэхукIащ Умар Айлин, Махуэ Сафие, Щэбэтыкъуэ Ясминэ, Апыч Сафинэ сымэ я усэ къеджэкIэр. 
Литературэ пшыхьыр игъэдэхащ Дзэлыкъуэкъуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм къафэмрэ уэрэдымкIэ и «Ислъэмей» ансамблым. 

 

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: