ПэхуэщIэхэр
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и ПсыкIэху къуажэм и сабий садыр 2027 гъэм къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ.
ПэхуэщIэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, абы и унащхьэр къагъэщIэрэщIэжынущ, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр яхъуэжынущ, унэ IуплъапIэм теплъэ дахэ иратынущ, пэшхэр, лъэгухэр къращIыкIынущ. Апхуэдэуи сабийхэм я зэчийм, хэлъэтым зезыгъэужь иджырей оборудованэхэр, унэлъащIэ щIагъэувэнущ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Дей – Акъбащ Ипщэ – Терекскэ автромобиль гъуэгум и IыхьитI щыIэ мардэм хуагъэкIуэнущ етIанэгъэ. Псори зэхэту километри 6,7-рэ абыхэм я кIыхьагъщ. Акъбащ Ипщэм Ленинымрэ КIэрэфымрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэм тетщ курыт еджапIэ, сабий сад, ЩэнхабзэмкIэ унэ, нэгъуэщI ухуэныгъэхэри.
Лэжьыгъэхэр зэхаублэнущ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Мыбдежым уэрамхэм я лъабжьэхэр ягъэбыдэнущ, асфальтрэ бетонрэ зэхэщIауэ тралъхьэнущ, гъуэгубгъухэр зыхуей хуагъэзэнущ, къэухьхэр, дамыгъэхэр щагъэувынущ, зэхыхьэпIэ-зэхэкIыпIэхэр къыщыхагъэщхьэхукIынущ.
«Унагъуэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ Шэрэдж Ищхъэрэм щаухуэ сабий садыщIэ, псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу 1500-рэ хъууэ. НобэкIэ лэжьакIуэхэр унащхьэ лэжьыгъэхэм пэрыхьащ, щIыбымкIэ гъэза дэкIуеипIэхэри яIэт, инженер коммуникацэхэр бетоным щIрагъэхъумэ.
Сабий садыщIэр сабийуэ 100-м хуэщIауэ щытынущ. Лэжьыгъэхэри 2027 гъэм и кIэхэм зэфIагъэкIын мурад щыIэщ.
«ЩIалэгъуалэмрэ сабийхэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ 2027 гъэм Бахъсэн щIыналъэм и курыт еджапIищ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжынущ. Абы хиубыдэнущ Къулъкъужын Ипщэмрэ Кубамрэ я курыт еджапIэ №2-хэр, ПсыкIэхум и школыр.
Мыбдежми еджапIэхэм я унащхьэхэр къагъэщIэрэщIэжынущ, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIынущ, унэ IуплъапIэхэр зэIузэпэщ ящIынущ, пэшхэр, лъэгухэр къращIыкIынущ. ИужькIэ, класс пэшхэм оборудованэщIэхэмрэ унэлъащIэрэ щIагъэувэнущ.
«ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструтурэр егъэфIэкIуэн» къэрал проектым ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм псы къабзэ зэрыкIуэ и бжьамийхэр къагъэщIэрэщIэж.
Абы хыхьащ Победа (ПащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ Бгъэжьнокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым нэсыху), Шэрджэс (Лазо и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ Свободэ уэрамым нэсыху), Шапсыгъ (ПащIэм и цIэр зезыхьэ уэрамым и деж къыщыщIэдзауэ Конечнэ уэрамым нэсыху), Хъураным (Ломоносовым и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ Хьэжмэтым и уэрамым нэсыху) и цIэр зезыхьэ и уэрамхэр. Псори зэхэту абыхэм метр 5539-рэ я кIыхьагъщ.
НобэкIэ лэжьакIуэхэм бжьамийхэр яукъуэдий, псыкъуийхэр ягъэув.