Бжьыхьэр уэшхрэ пщIащэ пылъэлъыжыгъуэ къудейкъым, атIэ сабийхэр я IэрыкIхэмкIэ щызэпеуэ пIалъэщ.
Сабий гъэсапIэхэм я кIэлындорхэм къытохутэ шыкIуртIымхэм къыхащIыкIа цыжьбанэхэр, къудамэ цIыкIухэмкIэ яухуа унэхэр, тхьэмпэ зэмыфэгъухэмкIэ ягъэщIэрэщIа «лъапсэхэр». Уеплъыпэмэ, сыт гу зылъыптэр жыпIэмэ, а псори адэ-анэхэм я IэкIэ зэращIарщ. Сабийм и лэжьыгъэр пагэу утыку кърехьэ, уэ езым сыт пщIар жыпIэмэ, нэхъыбэм зэхэпхынур: «тхьэмпэ цIыкIухэр къэсщыпащ, мамэ псори зэтригъэпщIэжащ». ЖытIэнуращи, ахэр балигъхэм я зэпеуэ щыхъур нэхъыбэщ.
Мыпхуэдэ зэхьэзэхуэхэр къыщIрагъэжьауэ щытар сабийр игъэгупсысэн, зыгуэрхэр и IэкIэ ирагъэщIурэ зрагъэужьын папщIэщ. Зы лъэныкъуэкIэ фIыщ адэ-анэмрэ бынымрэ зэдэIэпыкъужу зы IэдакъэщIэкIым щелэжьыр, ауэ гъэсапIэхэм яхь «IэрыкIхэм» укIэлъыплъыжмэ, сабийм ей лъэпкъ къыхэмынэжауэ ахэр апхуэдизкIэ нэгъэсащи, гъэлъэгъуэныгъэ инхэм ебгъэхь хъунущ.
НэгъуэщI лъэныкъуэкIи гурыIуэгъуэщ: адэ-анэр я быным иригушхуэну, фIыкIэ адрейхэм къыхагъэщыну хуейщ. Ауэ псори дагъуэншэу зэрызэфIэдгъэкIыным дыхущIэкъуурэ, дымыщIэххэу сабийм IэщIыб идогъэщI нэхъыщхьэр - гупсысэну, мурад пыухыкIахэр ищIыну, и Iуэху еплъыкIэ къигъэлъэгъуэфу зригъэсэну.
Школым щыкIуэну ныбжьым нэмыса сабийм дежкIэ нэхъыщхьэр ищIар Iэмал имыIэу нэгъэсауэ щытынракъым, атIэ абы зэрелэжь щIыкIэращ. ШыкIуртIым къыщищыпым, цыжьбанэм тетын хуей банэ цIыкIухэм щеIусэм, сэхуран хьэдзэхэмкIэ абы и нэ цIыкIухэр щищIым а псор зэригъэщIагъуэм кърит гухэхъуэмрэ гукъыдэжымрэщ сабийм и къэухьым, зэхэщIыкIым зезыгъэужьыр. Зы еплъыгъуэкIэ сыт абы хэлъыр жыпIэнкIэ хъунущ, ауэ а псор абы къыщыщхьэпэжынущ балигъ гъащIэм.
Дауэ атIэ ахэр зэресэнур, дэ езым а Iэмалхэр едмытмэ, я «къалэн» цIыкIухэр къаIэщIэтхмэ?! Сабийхэм я зэпеуэ зи гугъу тщIахэм я мыхьэнэр псом япэу адэ-анэм къагурыгъэIуапхъэщ. Я IэрыкIхэр «дахэу» щремыт, сабийм езым и псэм щыщ Iыхьэ и лэжьыгъэм хилъхьэфмэ аращ.
Мыпхуэдэ гупсысэхэм ауэ сытми дыхуэкIуакъым. Зэ еплъыгъуэкIэ Iуэху къызэрыгуэкIыу къыпщыхъуми, и лъабжьэр куущ гъэсэныгъэм ехьэлIауэ. Иджыблагъэ Интернет напэкIуэцIхэм адэ-анэхэр щызэдэуащ. Зы цIыхубзым къиIэтащ мы Iуэхур. Абы жеIэ: «Бжьыхьэ пщIащэм къыхэтщIыкIа цыжьбанэ инышхуэм унагъуэр махуищкIэ делэжьащ. АрщхьэкIэ зы анэ гуэрым ди IэдакъэщIэкIыр школ зэпеуэм къыхригъэхыжащ, сабийм ищIакъым жыхуиIэу. Унэ лэжьыгъэу ди хъыджэбз цIыкIум къратат бжьыхьэм теухуа IэдакъэщIэкI игъэхьэзырыну. Тхьэмпэ зытет матэ тщIынщ жысIэри къыхэслъхьат, арщхьэкIэ ар тыншыIуэу си щхьэгъусэм къилъытэри, езыр а Iуэхум пэрыхьащ. Махуищ дэкIри, пэшым и кум метрым нэблагъэ зи лъагагъ цыжьбанэ къихутащ! Абы и къупхъэр тхылъымпIэ Iувым къыхищIыкIри, тхьэмпэхэр къришхэкIыжат, нэ пIащэхэри къыхигъэкIат. Дауи, хъыджэбз цIыкIури и адэм дэIэпыкъуат. Уеблэмэ ди гъунэгъухэр къыщIыхьэурэ ягъэщIагъуэу еплъащ ди IэрыкIым. Пщэдджыжьым щхьэгъусэм цыжьбанэр школым ихьащ. Ар апхуэдизкIэ абрагъуэти, бжэ блыпкъым лъэныкъуабэу фIэкIа дэхуэртэкъым. Сабийхэр асыхьэту зэхэлъэдащ, абы бгъэдэту сурэт зытрагъэхыну хуейуэ, егъэджакIуэри къэуIэбжьащ. АрщхьэкIэ, нэгъуэщI зыгуэрым и анэм ди IэдакъэщIэкIыр къелъагъуэри, жеIэ: «Мыр сабийхэм я зэпеуэу къыфщыхъуркъэ? Мыр адэ-анэм я экзаменкъым». Щхьэгъусэм къыщIидзат и пхъумрэ езымрэ зэгъусэу ар зэращIар абы къыгуригъэIуэну. ЯпэщIыкIэ сэри си щхьэгъусэм сыкъыщхьэщыжыну си гугъащ, ауэ адрейхэм къахьахэм сеплъри, цIыхубзыр зыгуэркIэ зэрызахуэр къызгурыIуэжащ. ЕгъэджакIуэм къыхилъхьащ классыр игъэдэхэну цыжьбанэр къыщIанэну, ауэ Iэ Iэтым хамыгъэхьэну. Пщыхьэщхьэм си пхъур къызэупщIащ: «Мамэ, си цыжьбанэр щхьэ зэпеуэм хэмытарэ? Сэри си гуащIэ хэлът абы, сэ щхьэ Iэмал къызамытарэ си IэрыкIыр къапщытэну?» Абдеж си жагъуэ хъужат. Си щхьэгъусэри сабийр игъэгуфIэну арат зыхуеяр, ауэ и гугъуехьыр хэкIуэдат. Ауэ а анэри согъэзахуэ: сабий зэпеуэм сыт и мыхьэнэж адэ-анэр щытекIуэкIэ?»
Мы Iуэхугъуэр я щапхъэу, «Фэ хэт вгъэзахуэр?» - жаIэри, абыи ирипсэлъащ IэщIагъэ зэхуэмыдэ зиIэ бзылъхугъэхэр. Адэ-анэхэр я бынхэм ядэIэпыкъун хуей? Хьэмэ езыхэм я щхьэкIэ ящIыфар нэхъапэ? УпщIэхэр куэдт.
ГъэсакIуэу лажьэ зы бзылъхугъэм жеIэ: «Сэ сабий гъэсакIуэу солажьэри, сабийхэм я дежкIэ щхьэпэу къызолъытэ я адэ-анэхэм ящIыгъуу IэпэIэсагъэм епха хьэпшып гуэрхэм елэжьыныр. Ауэ, пэжращи, куэд щIауэ мы Iуэхугъуэр адэ-анэм зэрызагъэлъэгъуэнымрэ зэрызыкъыхагъэщынымрэ хуэкIуащ. Сабийм и гуащIэрщ къэлъытапхъэр. ТIэкIу ныкъусаныгъэ иIэу щытми, абы езым егъэщIыжыпхъэщ игу къэкIар. Япэм, дэ ди зэманым, сыт щыгъуи сабийхэм езым тщIыжу щытащ къыдата унэ лэжьыгъэр, иджы, зэрыжысIащи, адэ-анэхэм я зэпеуэ хъуащ. Балигъхэм захуэзгъазэу яжесIэнут: мыр сабий зэпеуэщ, фыфейкъым…»
ЕгъэджакIуэу лэжьа нэгъуэщI зым жеIэ: «Апхуэдэ зэдауэ къыщыхэкIкIэ, сэ къыхэслъхьэнут бжьыхьэ IэрыкIхэм я зэпеуэр Iыхьэ зыбжанэу яубзыхуну. Псалъэм папщIэ, «Унагъуэр зэгъусэу зэлэжьар», «Сабийм езым ищIар», «ЦIыхубэм я гум нэхъ дыхьар» фIэщыгъэхэр иIэу.
Къэбгъэлъагъуэмэ, педагогикэ и лъэныкъуэкIэ IэпэIэсагъэм къалэн зыбжанэ егъэзащIэ, псом хуэмыдэу сабийм щIыуэпсыр и IэпкълъэпкъкIэ зыхрегъащIэ, тхьэмпэм, пхъэщабэм, къудамэхэм еIусэкIэрэ. Языныкъуэ IэщIагъэлIхэм къызэрыхагъэщымкIэ, Iэпэхэр бгъэлэжьэныр епхащ бзэм и зыужьыгъэми тхэным хуэгъэхьэзырынми. Хьэпшып цIыкIухэм елэжьыху, сабийм зрегъасэ гупсысэфу, Iэмалхэр къигъуэтыфу. КъищынэмыщIауэ, ар и адэ-анэм дэлажьэмэ, зэхуаIэ лъагъуныгъэр нэхъ быдэ мэхъу. Ауэ IэдакъэщIэкIыр адэ-анэм ящIрэ сабийр а псом лъэныкъуэкIэ къеплъу щыту арамэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэр нэхъ мащIэ мэхъу. Уеблэмэ сабийм хьэлу къыхуэнэнкIэ мэхъу: «Сэ схузэфIэкIынукъым, балигъым ирещIи нэхъыфIщ», - жиIэу.
АтIэ зи гугъу тщIы бжьыхьэ зэпеуэхэм я сэбэпыр дауэ хъума хъуну? ИщхьэкIэ зы егъэджакIуэм къызэрыхигъэщауэ, къозэгъ «Балигъыр мащIэу дэIэпыкъуу сабийм игъэзэщIа лэжьыгъэ», «Унагъуэм щызэдащIа лэжьыгъэ» жыхуиIэ Iыхьэхэр зэпеуэм хагъэхьэну. .