Мэзыкъуэ Елдар Москва ягъакIуэ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Ботэщей къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м и 10-нэ классым щеджэ Мэзыкъуэ Елдар щытекIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щрагъэкIуэкIа «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» хэгъэгу телевизионнэ зэпеуэм и гуманитар унэтIыныгъэм. Абы ипкъ иткIэ, щIалэр ягъэкIуэнущ «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» урысейпсо телезэпеуэм (Москва).

         Шэч хэмылъу, апхуэдэ ехъулIэныгъэ зыIэрызыгъэхьэфынур фIыуэ еджэ, куэд зыфIэгъэщIэгъуэн, жэуаплыныгъэ зыхэлъ цIыхущ. Елдар и егъэджакIуэхэм жаIэ а щIалэ жыIэщIэр ерыщу и мурадхэм зэрыхуэкIуэр, щIэныгъэ зэрызригъэгъуэтыр. Елдар зэрыцIыкIурэ фIэгъэщIэгъуэну тхыдэр едж. Дауэ фIэмыгъэщIэгъуэнынрэ? Ар щIалэ цIыкIум и лъым хэлъу къалъхуащ. Абы и адэшхуэ Мэзыкъуэ Адэлбийрэ абы ипхъу Фаинэрэ тхыдэмкIэ егъэджакIуэщ. 

         Елдар 3-нэ классым щыщIэсым щегъэжьауэ, куэдым ягъэщIагъуэу, тхыдэр фIыуэ ищIэрти, я курыт еджапIэм «Созвездие» фIэщыгъэм щIэту иIэ щIэныгъэ зэгухьэныгъэм хагъэхьат. 5-нэ классым ар щытекIуат «Интеллект» зэпеуэм. Тэрч щIыналъэм, республикэм, хэгъэгум, къэралым   тхыдэмкIэ къыщызэрагъэпэща зэпеуэ куэдым абы пашэныгъэ щиубыдащ.

         Я щIыналъэм щрагъэкIуэкIа «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зэпеуэм гъэ кIуам тIэунейрэ хэтати, тIум щыгъуэми щытекIуащ.

         Апхуэдэурэ щIалэр республикэ зэпеуэм хуэкIуащ. Ар гъэ еджэгъуэ псокIэ екIуэкIати, абы хэтахэр Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэпрагъэуащ.  Зэпеуэхэм я унэтIыныгъэр абы хэтынухэм ипэ иту жраIэрти, езыр-езыру загъэхьэзырырт. Зэхьэзэхуэр зытеухуауэ щытар тхыдэм и закъуэкъым.       Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 зэрырикъум, Кином и дунейпсо махуэм, тхакIуэхэу Ушинский Константинрэ Островский Афанасийрэ ятеухуа упщIэхэр хэтащ абы.

         ЗэрыгурыIуэгъуэщи, зэпеуэр тыншу щытакъым, ауэ щIалэщIэм ар къехъулIащ.

         Елдар МГИМО-м щIэтIысхьэну йохъуапсэ, хабзэхъумэ Iуэхухэм и гъащIэр пищIэну и мурадщ. «Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» къэралпсо зэпеуэм щытекIуэмэ, ар и хъуэпсапIэм лъэIэсауэ бжы.

         ЩIалэщIэм и Iуэху дахэ хъуну, и мурадхэр къехъулIэну ди гуапэщ, и хъыбарыфI дыпоплъэ!

Инэрокъуэ Данэ.

        

          

Поделиться:

Читать также: