Я бжэхэр гъэмахуэм хузэIуахМэкъуауэгъуэм и 1-м ди республикэм и курыт еджапIэхэм лэжьэн щыщIадзэнущ сабийхэр махуэкIэ здэщыIэ гъэмахуэ лагерхэм. Ахэр къыщызэрагъэпэщынущ Налшык дэт курыт еджапIэ №№16-м, 18-м, 20-м, прогимназие №№34-мрэ 41-мрэ. Абыхэм зыщагъэпсэхунущ икIи я узыншагъэр щрагъэфIэкIуэнущ бынунагъуэшхуэхэмрэ пIалъэкIэ щытыкIэ гугъум ит унагъуэхэмрэ я сабий 395-м. Дызэрыщыгъуазэщи, гъэмахуэ лагерхэм щыIэ цIыкIухэм ядэлэжьэну къыхахыр Iуэхум сыт и лъэныкъуэкIи хэзыщIыкI гъэсакIуэ нэхъыфIхэрщ. Апхуэдэхэм хабжащ Налшык щIэныгъэ гуэдзэ щрату дэт «Эрудит» центрым и лэжьакIуэхэри. Абыхэм иджыпсту щыщIэдзауэ цIыкIухэм папщIэ ягъэхьэзыр нэгузыужь программэ гъэщIэгъуэнхэр, сурэт щIыным, къэфэным, IэпщIэлъапщIэным теухуа мастер-классхэр, акъылым зезыгъэужь джэгукIэхэр, хэкупсэ гъэсэныгъэм теухуа дерсхэр. Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2023 - 15:27 →
ЗагъэпщкIуми нэрылъагъущ
26.09.2023 - 14:31 →
Куэдым хуэIэкIуэлъакIуэ
22.09.2023 - 11:53 →
И анэдэлъхубзэм и шэрыуагъыр я гум дохьэ
18.09.2023 - 14:24 →
Хьэрш жыжьэм
13.09.2023 - 17:15 →
Республикэм и студентхэм я зэфIэкIыр
|