Дисанэ и ехъулIэныгъэ

Гъатхэпэм и 28-м Обнинск къалэм щекIуэкIащ еджакIуэхэм я «ЩIалэ­гъуэ. ЩIэныгъэ. Щэнхабзэ» XXXIX-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. «Урысейр гум илъу» Iуэхум ипкъ иту щэнхабзэмкIэ Президент фондым къызэригъэпэща а зэхьэзэхуэм ди лъахэгъу пщащэм 1-нэ увыпIэр къыщихьащ. 

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыб­гъэ­дэ­кIыу абы хэтащ курыт еджапIэм щIэс­хэм я «СИГМА» XXXIII-нэ щIыналъэ зэ­хьэ­­зэ­хуэм щытекIуахэр. Зэпеуэм и ­лъа­­­хэ­­хутэ лIэужьыгъуэм дихьэх ди щIа­лэ­гъуалэу урысейпсо зэпеуэм хэтахэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр екIурэ ещхьу къагъэлъэ­гъуащ икIи 1-нэ, 2-нэ увыпIэхэр къахьащ.
Инарыкъуей жылагъуэм и курыт еджапIэм щIэс Шэру Дисанэ «Инарыкъуей щIыпIэцIэхэр» зыфIища лэжьыгъэм ­ехъулIэныгъэшхуэ щиIащ зэхьэзэхуэм. Пщащэр зыгъэхьэзырар адыгэбзэмрэ ­литературэмкIэ егъэджакIуэ Хьэрэдурэ Эммэщ. 
Дисанэ къыхуагъэфэщащ медалрэ щIыхь тхылърэ. 

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться:

Читать также: