Сабийхэр ягъэгуфIэУрысей гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр Сабийхэр хъумэным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу щыхьэщIащ республикэм и Сабий унэм. Хабзэ дахэ хъуауэ, дунейм и дэнэ щIыпIи сабийхэм папщIэ къыщызэрагъэпэщ зэхыхьэ гъэщIэгъуэнхэр, ахэр ягъэгушхуэ. Псом хуэмыдэу апхуэдэ гулъытэ хуэныкъуэщ щытыкIэ гугъум къихута цIыкIухэр. КъБР-м щыIэ УФССП-м и лэжьакIуэхэм, «Суд приставхэр – сабийхэм» Iуэхум хыхьэу ягъэгуфIащ республикэм и Сабий унэм и гъэсэнхэр. Абыхэм хуашащ IэфIыкIэхэр. Апхуэдэуи суд приставхэм IуэхущIапIэм иратащ ныбжьыщIэхэр Iэмал имыIэу зыхуеину хущхъуэхэкIхэр. ЩIыналъэм и IуэхущIапIэ хэхам щопсэу сабий зеиншэхэр, адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэна цIыкIухэр, я узыншагъэми щыкIэлъоплъ. Сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи абыхэм защIэгъэкъуэныр лей хъунукъым.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2023 - 15:27 →
ЗагъэпщкIуми нэрылъагъущ
26.09.2023 - 14:31 →
Куэдым хуэIэкIуэлъакIуэ
22.09.2023 - 11:53 →
И анэдэлъхубзэм и шэрыуагъыр я гум дохьэ
18.09.2023 - 14:24 →
Хьэрш жыжьэм
13.09.2023 - 17:15 →
Республикэм и студентхэм я зэфIэкIыр
|