|
|
ЩIалэгъуэ
18 марта, 2026 - 07:09
Зы щIэблэм нэхърэ абы къыкIэлъыкIуэр нэхъ Iущу къохъу, цIыхум зеужь, зэманым декIуу къогъуэгурыкIуэ. Тхылъыр щIэныгъэ къигъэхъуапIэу зиIа ди анэшхуэхэмрэ адэшхуэхэмрэ хуэдэкъым иджырейхэр. Нобэ щIалэгъуалэм къыхахыр езыхэм я Iуэху еплъыкIэм пэджэж литературэщ - тхыгъэм щекIуэкI Iуэхухэм псынщIэу захъуэжу, узэщIиIэтэу, укъигъэуIэбжьу. Къэбгъэлъагъуэмэ, куэд щIауэ пхужыIэнукъым школакIуэр Толстоймрэ Достоевскэмрэ дихьэхыу еджэу зэрыщытрэ, ауэ иджыпсту ар хуейщ Сапковскэм (Польшэм щыщ тхакIуэ-фантаст), Роулинг (инджылыз тхакIуэ) я IэдакъэщIэкIхэм хуэдэхэм.
17 марта, 2026 - 07:01
Тэтэр Iэминэ куэдым доцIыху адыгэбзэмкIэ сабийхэм я егъэджакIуэфIу, ар щыдолъагъу лъэпкъ Iуэхухэм, адыгэбзэм теухуа зэIущIэхэм, щIэнIуатэхэм. Адыгэпсэ зиIэ пщащэм игури и псэри етауэ ди щIэблэм анэдэлъхубзэр егъэщIэным йогугъу, фIы дыдэуи къохъулIэ. Iэминэ сабийхэр къыдехьэх адыгэ джэгукIэхэмкIэ, и бзэ IэфIымкIэ, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэмкIэ, хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ, IуэрыIуатэкIэ. Абы и дерсхэр сабийхэм папщIэ хъугъуэфIыгъуэщ.
17 марта, 2026 - 06:00
Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» зэгухьэныгъэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетымрэ дяпэкIэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ. Дэфтэрым Iэ традзащ КъБКъУ-м и проректор ГъукIэпщокъуэ Муратрэ «Вече» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Литвинов Романрэ.
ДяпэкIэ еджапIэ нэхъыщхьэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ егъэджэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, щэнхабзэ-узэщIыныгъэ лэжьыгъэхэм ехьэлIауэ Iуэху зэдащIэнущ.
16 марта, 2026 - 11:59
Ди нобэрей щIалэгъуалэм я теплъэм, гупсысэкIэм, дуней тетыкIэм нэхъыжьхэр щIэх-щIэхыурэ топсэлъыхь, ирогузавэ. Пэжу жыпIэмэ, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэ, гур хэзыгъахъуэ, гупсысэкIэ хьэлэмэтхэр зиIэ, зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъ ныбжьыщIэхэмкIэ къулейщ ди лъэпкъыр. ЗэрыжаIэу, къызыхэхъукI гъащIэм и гъуджэщ зи щIалэгъуэр. Ар пэжщ. Абы щIызгъужынщ мыри: дэтхэнэ сабийри гъащIэм зэрыхэтынур зи «IэмыщIэ икI» адэ-анэм, гъэсакIуэм, егъэджакIуэм халъхьэ хьэл-щэнхэмкIэщ.
14 марта, 2026 - 09:26
Ди лъэхъэнэм хэкупсэ гъэсэныгъэм мыхьэнэщIэ иIэ хъуащ. Нэхъапэм зауэм, хэкур хъумэным зи лIыгъэ, зи гъащIэ хэзылъхьахэм я цIэхэр, я сурэтхэр зэхэтхыу, тлъагъуу щытамэ, иджы лIыхъужьхэр доцIыху, дзэ Iуэху хэхам къикIыжа ди благъэхэм, гъунэгъухэм дахуозэ, уеблэмэ ди унэм щIэсщ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым а Iуэхур - хэкупсэ гъэсэныгъэр - сэбэпынагъ къыпэкIуэу щызэфIагъэкI, нэгъуэщI щIыналъэхэми хуэдэу бгъэдыхьэкIэ хэха щиIэщ. Зи гугъу сщIыр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэм лIыгъэм и дерсхэр школакIуэхэм, студентхэм, щIалэгъуалэм я пащхьэ зэрыщатырщ.
13 марта, 2026 - 09:26
КъБКъУ-м и къудамэ щхьэхуэхэм щIэх-щIэхыурэ къыщызэрагъэпэщ Iуэхугъуэ хэхам теухуа куратор сыхьэтхэр. Апхуэдэу Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ институтым и 2 - 4-нэ курсхэм щIэс студентхэм папщIэ иджыблагъэ екIуэкIащ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэсэным хухэха куратор сыхьэт.
Абы къыщыпсэлъащ Университетым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и управленэм и унафэщIым и къуэдзэ, КъБКъУ-м Граждан-хэкупсэ гъэсэныгъэмкIэ и центрым и унафэщI, дзэ Iуэху хэхам и ветеран, КъБР-м и Парламентым и ебланэ зэхуэсыгъуэм и депутат Шевчук Герман Алексей и къуэр.
13 марта, 2026 - 07:01
Хьэршыр гъунэгъу зыхуэщIыным хуэгъэпса NASA зэгухьэныгъэм (США) щылажьэ астрофизикхэм къызэрапщытамкIэ, уахэм и зы къуэгъэнапIэ хэгъэщхьэхукIам деж вагъуэ гуэрэнышхуэ абрагъуэу щызэхэтхэм (галактикэхэм) къахэщхьэхукIаитIым гъунэгъуIуэ зызыхуащIащ.
ГъэщIэгъуэну къащыхъуа а къэхъугъэм и зыхъуэжыкIэм астрономхэр кIэлъыплъащ ЩIым езыр-езыру екIэрэхъуэкI спутникхэм язым хащIыхьа лъэщапIэм (обсерваторэм) хабза Хаббл телескопымкIэ.
10 марта, 2026 - 13:05
Мэшыкъуэ ФатIимэ федеральнэ налог къулыкъущIапIэм республикэм щиIэ и IуэхущIапIэм налогхэмкIэ и инспекторщ. Жэуаплыныгъэ зыпылъ IэщIагъэм къыдэкIуэу ар икIи пшынауэщ.
10 марта, 2026 - 13:02
Налшык къалэм дэт ДыгъафIэ къалэм «ЩIэныгъэм и гъэлъэгъуэныгъэ–2026» фIащу щекIуэкIа Iуэхугъуэ щхьэпэр и кIэм нэсащ, абы кърикIуахэр къызэщIакъуэжащ, щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIамрэ щагъэфIэжащ.
6 марта, 2026 - 07:43
Урыс географие зэгухьэныгъэм и «ЩIыуэпс шынагъуэншэ» проект хэхам хэтхэмрэ студентхэмрэ зэхуэзащ. Ахэр тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм къыщалъхуа хэкур зрагъэцIыхунымкIэ щыIэ Iэмалхэм, бгыхэм шынагъуэншэу къызэрыщыпкIухьынум, нэгъуэщIхэми.
Страницы
|