ГъэсакIуэ, актрисэ, уэрэджыIакIуэПIаз (Къагъырмэс) ФатIимэ адыгэбзэм и щIэныгъэ лэжьакIуэщ, сабий гъэсакIуэщ, актрисэщ, усэ къеджэну, уэрэд жиIэну фIэфIщ, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр ирегъэкIуэкI. Сыт хуэдэ Iуэху пэрыувэми, анэдэлъхубзэр псом япэ ирегъэщ. Къыщыхъуари щыпсэури Налшыкщ. Бзылъхугъэр и щапхъэщ бзэр фIыуэ плъагъуныр къуажэм е къалэм зэремылъытам. Езым зэрыжиIэмкIэ, ар зэлъытар унагъуэрщ. ЩIэныгъэр - Школым адыгэбзэмкIэ ди егъэджакIуэм щэнхабзэм, бзэм теухуауэ Iуэхугъуэ гуэрхэр, зэпеуэхэр екIуэкIмэ абыхэм дыхигъэтт, усэ дыкъригъаджэрт, тыгъэ гъэщIэгъуэнхэри къытхуащIырт. Апхуэдэурэ сэ анэдэлъхубзэм сыдихьэхащ. Ди бзэр нэхъыфIу сщIэну, тхыдэм зыщызгъэгъуэзэну, ди усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр нэхъ куууэ зджыну сыхуейуэ япэщIыкIэ педагогикэмкIэ колледжым и адыгэбзэ къудамэм сыщIэтIысхьащ. Егъэлеяуэ сыдихьэхыу седжащ. Колледжым дыщыщIэса зэманыр сэ IэфIу си гум илъщ - моуэ унагъуэм хуэдэу гуапэу дыщызэхэтащ абы. ЕгъэджакIуэхэм гудзакъэ яIэт. Лэжьыгъэр къыдату щIэкIыжыртэкъым ахэр - дджыр нэхъ куууэ зыхыдагъэщIэну хуейхэти, дерсхэр щIэщыгъуэу ирагъэкIуэкIыным я гуащIэ псори халъхьэрт. Ди егъэджакIуэу щыта Пэщол Сакимэ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм сыхигъэхьэрт, сиунэтIырт. Ар сэ икъукIэ сэбэп къысхуэхъуащ си щIэныгъэми, зэхэщIыкIми хэзгъэхъуэнымкIэ. Къыхэзгъэщыну сыхуейщ гупым ди куратору щыта Лъостэн Марьянэ – и студентхэм къыттеубгъуат сыт щыгъуи. «Король Лир» спектаклыр - Налшык ГъуазджэмкIэ школ №1-м театрымкIэ и къудамэм сыщеджащ ЖьэкIэмыхъу КIунэ и чэнджэщкIэ. Актёр IэщIагъэм теухуауэ абы куэд къыщысщIащ. КIунэ театрхэм дишэрт, радиом, телевиденэм дыкъыщагъэпсэлъэнымкIэ, цIыхухэм дыкъащIэнымкIэ сэбэп къытхуэхъурт. ГъуазджэмкIэ школыр къэзуха нэужьи, абы и деж мастер-класс сыкIуащ, сригъэблагъэри. ЖьэкIэмыхъу КIунэ сызыхуигъэсамрэ къызигъэщIамрэщ сэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ теухуауэ лэжьыгъэ схуэхъур. Уэрэди жызоIэ - Иужьрей зэманым лъэтеувэ, гущэхэпхэ дауэдапщэхэр езгъэкIуэкIыну срагъэблагъэ. Мызэ-мытIэу къызжаIащ, «уэрэди дахэу пхужыIэнут, мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр ебгъэкIуэкIынымкIи сэбэп къыпхуэхъунут» жаIэу. «Уэрэд жыIэным сыхуемыджауэ дауэ зеспщытын» жысIэурэ сытегушхуэртэкъым. Дауэ хъуми, макъамэ студие сыкIуэри, си макъым езгъэдэIуащ, абыхэми сыщытрагъэгушхуэм зы уэрэд езгъэтхыну мурад сщIащ. Апхуэдэу къыдэкIащ си япэ уэрэдыр. «ФIылъагъуныгъэ» уэрэдым псалъэхэри макъамэри Жэбо Замирэ итхащ. Ар куэдым къацIыхуащ, ягу ирихьу, къытрагъэзэжурэ йодаIуэри, ар егъэлеяуэ си гуапэщ. Уэрэд жыIэным теухуауэ ар си япэ лъэбакъуэщ. ЕтIуанэуи зы сабий уэрэд езгъэтхащ. Ар лъэтеувэхэм срагъэблагъэмэ жызагъэIэ яфIэфIу. Анэдэлъхубзэр япэ изогъэщ - Унагъуэм адыгэбзэкIэ дыщопсалъэ, хабзэмрэ нэмысымрэ я мыхьэнэр щапхъэкIэ къагурыдогъаIуэ цIыкIухэм. Нэхъыжьыр школым щIэтIысхьа нэужь, «Сэ сыадыгэщ, щхьэ урысыбзэкIэ сыпсэлъэн хуей?» къыджиIат, уеблэмэ. Абдежым сегупсысащ, зыгуэрым тIэкIу сытеплъэкъукIауэ пIэрэ жысIэу. Анэдэлъхубзэр псом япэ игъэщыпхъэщ, дауи, ауэ урысыбзэми гулъытэ лъыгъэсын хуейщ, сабийм школыр къытемыхьэлъэн папщIэ. Къапщтэмэ, бзэ нэхъыбэ ящIэхукIэ нэхъыфIщ, зыр адрейм зэран щыхуэмыхъукIэ. Сызыпэрыта лэжьыгъэхэр - Иджыпсту сылажьэркъым, си унагъуэ Iуэхум, сабийхэм сазэрыхэсым теухуауэ. Ауэ IэнатIэу сызыпэрытахэр сэбэп къысхуэхъуащ, зызагъэужьащ. Адыгэу ущытыныр - «Адыгэу ущытыным къикIыр зыщ,
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:52 →
Агуий и Iэхэлъахэм
15.04.2024 - 12:10 →
Гагарин и гуфIэкIэ
11.04.2024 - 09:30 →
УнафэщIхэмрэ IэнатIэ лъыхъуэхэмрэ зэрощIэ
10.04.2024 - 11:00 →
Дисанэ и ехъулIэныгъэ
08.04.2024 - 12:46 →
Мазэм и хъыбар
|