ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэ инМы махуэхэм Сочи къалэм щокIуэкI ЩIалэгъуалэм я дунейпсо фестиваль. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ. Зэхыхьэ иным хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэ зи щIалэгъуэ гупышхуи. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ди хэкуэгу щIалэгъуалэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ. «Нобэ фызыхэтыр, егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу жыпIэмэ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ. Абы зэтрегъэщахэ Урысей Федерацэр нэгъуэщI къэралхэм пыIудза хъуауэ къэзылъытэхэм я гупсысэхэм я лъабжьэхэр. Фестивалым зэхуишэсащ дунейм и къэрали 188-м щыпсэу щIалэгъуалэм я лIыкIуэхэр. Абы хэтщ ди лъэпкъыбэ къэралым щыщ, зи щIалэгъуэ цIыху мин 20-м щIигъуи. Нэрылъагъу хъуаращи, Iуэху бгъэдыхьэкIэ, еплъыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр щытепщэ дунейуэ ди къэралым и Президентым мызэ-мытIэу зи гугъу ищIар нобэ нэрылъагъу, нахуапIэ хъуакIэщ. Аращ щыпсэунур, Iуэхухэр щызэфIахынур иджырей щIалэгъуалэм, - къыхигъэщащ КIуэкIуэ Казбек. - Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ дунейпсо фестивалым хэтщ цIыху 64-рэ. Жыджэрагъышхуэ зыхэлъ, зэчий зэмылIэужьыгъуэхэр зыбгъэдэлъ а щIалэгъуалэ гупым я насып къикIащ дунейпсо тхыдэ мыхьэнэ зиIэ а Iуэхугъуэм хэтыну. Си фIэщ мэхъу а гупым Къэбэрдей-Балъкъэрым и зэфIэкIхэр екIуу дунейпсо утыкум зэрыщагъэлъэгъуэнур, фестивалым къекIуэлIахэр ди тхыдэ, щэнхабзэ, хабзэ къулейхэм къызыхуэтыншэу щыгъуазэ зэрыхуащIынур. Апхуэдэу езыхэми зыщагъэгъуэзэнущ Урысей Федерацэм хыхьэ адрей щIыналъэхэм, хамэ къэралхэм я щIалэгъуалэм ябгъэдэлъ псэкупсэ къулеягъэм, я Iуэху зехьэкIэхэмкIэ псори зэдэгуэшэнущ. ЕхъулIэныгъэфIхэр фестивалым щызыIэрывгъэхьэну, зи щIалэгъуэхэ!»
Поделиться:
Читать также:
28.10.2026 - 16:33 →
Япэ кадет класс къызэIуахащ
27.06.2026 - 09:15 →
Фэращ республикэр зыщыгугъыр
18.05.2026 - 11:27 →
ЛъэныкъуитIыр зэгуроIуэ
14.05.2026 - 12:43 →
Фэеплъым и джэрпэджэж макъхэр
26.03.2026 - 13:36 →
Хэку тхыдэмкIэ зэпоуэ
| ||




