Абы дегъэпIейтей

Ахъшэр бгуэшыну гугъущ

ЦIыху куэд игъэпIейтеящ иджыблагъэ «Валберис» интернет тыкуэным и хэщIапIэм щекIуэкIа Iэуэлъауэм.

Уэрам щIагъуэ урикIуэфынукъым иджыпсту зи щIэбзэр шакъафэ, «WB» хьэрф хужьхэр къызытещ, Бакальчук зэщхьэгъусэхэу Татьянэрэ Владиславрэ илъэс куэд щIауэ ягъэлажьэ хьэпшып зэIэпыхыпIэм и дамыгъэр нэм къыфIэмынэу. Пудми лъапIэми емылъытэщауэ, зэманым и нэщэнэ хъуащ уи унэ ущIэсу узыхуейр къэпщэхуныр. Ди къэралым абыхэм ящыщу нэхъ щызекIуэр «Озон»-мрэ нобэ щхьэхуимыту и гугъу дэзыгъэщI «Валберис»-мрэщ.

Банэхэр, дзакъэхэр, пIастхъэхэр…

Иужьрей зэманым цIыху цIыкIур делэ зэрыхъукI зытегъэупIэ шынагъуэу интернетым куэду къыщIигъэщ хъуащ «квадробика» жыхуаIэр. Мы гъэм Урысейм къыщызэщIэрыуащ абы теухуа псалъэмакъэхэр. Хэт квадроберхэр езыхэр? Псэущхьэ нэпцI зызыщI цIыхухэщ – лъакъуиплIкIэ къажыхь, блэкIхэм йодзакъэ, уэрамым тет хьэхэм яжьэхолъэ. Псэущхьэ зэхуэмыдэхэм я нэкIуIупхъуэ яIулъщ, кIапэ зыпагъэуващ. «Квадроберхэм» нэхъыбэу зыхашэр зи акъыл зэрымыубыда, балигъыпIэ имыувахэрщ, ныбжьыщIэхэрщ. Ауэ ущрихьэлIэ щыIэщ квадробер-балигъхэми. Интернетым из хъуащ «щIалэгъуалэ - хьэкIэкхъуэкIэхэр» къызэрыщ сурэтхэмрэ видеохэмрэ. Квадроберхэр къалэхэм къыдохьэ я псэущхьэ фэилъхьэгъуэхэр ящыгъыу, тыкуэнхэм щIохьэ, мэщахуэ, «я нэгу зрагъэужь».

Хагги-Ваги сымэ къыздикIар

 Сабийр гуапагъэщ зэрагъасэр, гущIэгъу хэлъу, цIыхугъэ къылъыкъуэкIыу, сэбэп хъуфу, нэгъуэщIым и пIэм иувэфу, ехъулIэныгъэ зиIэм щыгуфIыкIыфу къыдэкIуэтеин папщIэ. Iэмал куэди щыIэщ абы теухуауэ, тхылъ губзыгъэхэм я деж щегъэжьауэ, джэгукIэ цIыкIухэм я деж щиухыжу. Сабийм и гъэсэныгъэм, и псэр яхъумэным тращIыхьри аращ, таурыхъ, шыпсэ цIыкIухэр сытым дежи фIыр ем текIуэу, лIыхъужьхэр «тхъэрэ псэууэ къэнэжу» щIиухыр. Ар хэлъэт иIэу къэхъуныр, дэIэпыкъуэгъу е ныбжьэгъу хъун зэрыхуейм ирагъэгупсысынырщ сабий джэгукIэ куэдми я лъабжьэр.

Къалэжьыр яфIэкуэдщ

Мэхъэчкъалэ къыщыдэкI «Черновик» газетым зэритхымкIэ, УФ-м ФинансхэмкIэ и министерствэм къуаншагъэу къилъытащ дагъыстэн егъэджакIуэхэм я улахуэр республикэм щыщ адрей къэрал лэжьакIуэхэм яйм зэрыщхьэдэхыр. Хъыбарыр Дагъыстэным щIыналъэм унафэ хуэщIынымкIэ и центрым иригъэкIуэкIа эфир занщIэм къыщигъэнэIуащ республикэм егъэджэныгъэмкIэ и министр Бучаев Яхья. 

ЛIыгъэр я лъым хэтщ

Дзэ Iуэху хэхар къызэрыхъейрэ абы лIыгъэ къагъэлъагъуэу хэтщ адыгэ щIалэхэр. ЛIыгъэщIапIэ ихуащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм щыщ зэкъуэшищ - ХьэIупщыхэ Аслъэн, Къантемыр, Астемыр сымэ.

Нэхъыщхьэм и пщIэр мыкIуэду

Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэр къекIуэлIащ цIыху 60-м нэблэгъэн зыхэта, фокIадэм и 11-м «Азимут» зыгъэпсэхупIэм щызэхаубла стIол хъурейм. 

Хабзэр хуитыныгъэм и Iэпэгъущ

      Кавказ Ищхъэрэм и муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым УФ-м и Президент Путин Владимир зыхуагъэзащ Къэрал Думэм и депутат Даванков В. А. къыхилъхьа жэрдэмымкIэ арэзы зэрымыхъуар къыхагъэщу. Тхьэмадэхэм я Iуэху еплъыкIэр къыщагъэлъэгъуа Зыхуэгъэзэныгъэр мащIэу гъэкIэщIауэ фи пащхьэ идолъхьэ.

ЦIыхум хуэмыфащэ хьэл

       Шэджэм  ЕтIуанэ мэжджытым и Iимам ХъуэкIуэн Арсен и хъутIбэм щытепсэлъыхьащ цIыхуми муслъымэнми яхуэмыфащэу бзэгу зехьэн хьэлыр икIэщIыпIэкIэ зыхэнын зэрыхуейм.

УкъыкIэрыхуIуэми нэхъыфIщ

Иужьрей зэманым КъухьэпIэмкIэ «Дунейпсо экоцидыр къэвгъэувыIэ» зэщIэхъееныгъэм и Iэуэлъауэхэр къоIукI. Къэрал 50-м зыщаубгъуащ абы и къудамэхэм. Я унафэщI нэхъыщхьэр здэщыIэр Великобританиерщ.

«Удзыфэ» зыфIащыж ЩIы хъурейм и хъугъуэфIыгъуэхэр яхъумэныр къалэн зыщызыщIыжхэм. Ауэ зи гугъу тщIы IуэхущIапIэм щIыуэпсыр хъумэныр и тебзэу, цIыху цIыкIур ерыскъы узыншэм къыпигъэкIыныр къалэн зыщищIыжауэ фэ тетщ. Iуэхум щыгъуазэхэм зэрыжаIэмкIэ, адрей псоми къадэкIуэу, мыхэр къыщIежьар лы нэпцI къыщIэзыгъэкIхэм я хьэпшыпхэр нэхъ икIын папщIэщ.

Чыр цIынэхукIэ

 «Иджырей къэхутэныгъэхэм зэрыжаIэмкIэ, цIыхур илъэсищ щрикъум и деж, и щхьэ куцI налъэхэм я Iыхьэ тхуаниплIым зыужьын яух. Абы гурыIуэгъуэ ищIыркъэ илъэсищ иримыкъуа сабийм и акъылым зедгъэужьыным пасэу иужь дихьэн зэрыхуейр?» Аращ и купщIэр дуней псом щыцIэрыIуэ «Сони» япон IуэхущIапIэм и къызэгъэпэщакIуэ Ибука Масару и IэдакъэщIэкI тхылъу «Илъэсищ ирикъуамэ, гуващ» зыфIищам. ТIысыжа нэужь, гъэсэныгъэм зезыта IэщIагъэлIым и тхылъым къыщихь гупсысэ щхьэпэхэм ящыщ зыбжанэ адыгэбзэми къидгъэзэгъащ.

* * *

Страницы

Подписка на RSS - Абы дегъэпIейтей