КАВКАЗ ЗАУЭР «ШЫПСЭ ДАХАЩЭКЪЫМ» КАФФЕД-м Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей ирита жэуап

 

Тырку Республикэм щыIэ Урысей Федерацэм и лIыкIуэ Ерхов Алексей «Спутник» агентствэм 2020 гъэм мазаем и 13-м ирита интервьюм щыжиIахэмкIэ адыгэхэм я тхыдэр пхэнжу къигъэлъагъуэри лъэпкъри игъэпудащ.

Ауэ тхыдэм къигъэув щыхьэтхэр наIуэщ. XVIII-XIX лIэщIыгъуэхэм Урысей пащтыхьыгъуэм иубыд щIыналъэхэм зригъэубгъуным зэрыхуэпабгъэм лъабжьэу иIар «лъэпкъ мыгъасэхэм цивилизацэ хуахьынырщ». Апхуэдэ пащтыхь гупсысэкIэмрэ зэрыпхъуакIуэ гукъыдэжхэмрэ япкъ иткIэ, адыгэхэм я мызакъуэу, иджырей Кавказ Ищхъэрэри, Кавказ Ипщэри, Сыбырри, Азие Курытри, Финляндиери, Прибалтикэри хагъэхьауэ щытащ Урысейм. Адыгэхэмрэ Совет Союзым хиубыдэу щыта адрей лъэпкъхэмрэ «цивилизацэр зэгъэцIыхун хуей лъэпкъ мыгъасэхэу» ялъытэу зэрыщытар дунейпсо цIыхубэм игъэикIа, утепсэлъыхьыну зыхуэмыфащэ Iуэху еплъыкIэщ.
Адыгэхэр зи цивилизацэ зиIэж, я хабзэ зехьэкIэмкIэ адрейхэм щапхъэ яхуэхъу, илъэс мин бжыгъэ хъуауэ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъыжьщ. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ ахэр япэщIэтыфащ ипщэмкIи, къуэкIыпIэмкIи, къухьэпIэмкIи къебгъэрыкIуэ бийхэм, къапэгъунэгъуу псэу лъэпкъхэм мамыру ябгъэдэту. Ерхов Алексей жиIэр нэгъуэщIми, адыгэхэм, лъэныкъуэкIэ укъеплъмэ, адрей лъэпкъхэм уазэрыдекIуэкIыфыну Iэмалхэм фIыуэ хащIыкI. Иджыри гу зылъытапхъэ: адыгэхэр Урысей пащтыхьыгъуэм къыхуигъэлъагъуэ Iэмалыр къабыл ящIу я гукъыдэжкIэ Тыркум къэIэпхъуауэ аракъым. Езыхэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ, лей зезыхьэ бийм лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ пэщIэта нэужь, ахэр зыщыпсэум къригъэкъэбзыкIыну мурад къыхуэзыщIа пащтыхьыгъуэм и зэрыпхъуакIуэ политикэм ипкъ иткIэ щхьэхуимыту я хэкум кърахуащ. ДэркIи, ди адэжьхэм я дежкIи ар, Ерховым зэрыжиIэм ещхьу, «псысэ дахащэкъым» - гузэвэгъуэкIэ гъэнщIа тхыдэщ.
Дэ дыхущIокъу Урысей Федерацэмрэ Тырку Республикэмрэ я зэхущытыкIэр фIыуэ къызэрынэным. БлэкIар пхэнжу къигъэлъэгъуэн и пIэкIэ, Ерховым тхыдэм и дерсхэр иджыпхъэщ, ноби иужькIи мамыру дызэдекIуэкIыным щхьэпэн хуэхъуну Iуэхухэр илэжьу. Езым зэрыжиIэм тету, «мамыр зэхущытыкIэм, псэукIэ зэтеухуам, дяпэкIэ дызэрызэдэгъуэгурыкIуэным» и лъабжьэхэр игъэтIылъу. Лъэныкъуэ псоми я фейдэ хэлъу, унафэ зыIэщIэлъ къэралыгъуэ къудамэ псори лъэпкъхэр мамыру зэдэпсэун папщIэ, жэуаплыныгъэ яхэлъу, абы хущIэкъун хуейщ.

Поделиться: