Тыркум щыIэ УФ-м и лIыкIуэ Ерхов Алексей адыгэхэм зэрытепсэлъыхьарМазаем и 13-м Абхъаз Республикэм и «Спутник» агентствэм Тырку Республикэм щыIэ УФ-м и лIыкIуэ Ерхов Алексей Урысеймрэ Тыркумрэ зэрызэбгъэдэт щIыкIэм тепсэлъыхь пэтрэ, адыгэхэм ятеухуауэ псалъэ зыбжанэ жиIащ. «ЩАПХЪЭ къыпхуэсхьынщ нобэ куэд зытепсэлъыхьхэм язу, - зыхуегъазэ Ерхов журналистым. - XIX лIэщыгъуэм екIуэкIа Кавказ зауэ нэужьым Кавказ Ищхъэрэр зыбгына адыгэхэм я ИстамбылакIуэм хуэдэр. Истамбыл консул нэхъыщхьэу сыщыщыIам зэман къытхуихуэрт ди хэщIапIэм и гупэм махуэ къэмынэу Урысейм еныкъуэкъу демонстрацэхэр Кавказ зауэр зэриухрэ иджыри зы илъэс къыхэхъуэху къыщызэхэувэу. КъаIэт къыхуеджэныгъэхэри щIагъуэтэкъым, пэжым ухуеймэ. Псалъэм папщIэ: «Урысейр цIыхуукIщ, Кавказым ирырекI!» - апхуэдэ гуэрхэр. Урысей тетыгъуэр зыгъэпуд псалъэ нахуэхэр щыжаIэпэ къэхъурт, уеблэмэ.
Поделиться:
Читать также:
15.03.2024 - 14:18 →
Таурыхъым хуокIуэж
13.02.2024 - 15:00 →
Испы унэхэр
22.01.2024 - 15:27 →
ДжэдыкIэщIэ къыщIагъэкI
19.01.2024 - 14:00 →
Лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыжыр щIэныгъэлIырщ
04.01.2024 - 12:18 →
Узэпсалъэри... узэмыпсалъэри
|