Щыуагъэм щахъумэуЩIэпхъаджагъэ зрахьэу тутнакъэщым исауэ къикIыжахэм яIущIащ КъБР-и и УМВД-м и Жылагъуэ советым хэтхэр. Апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщ, икIи тутнакъэщым къикIыжахэм йопсалъэ, аргуэру щIэпхъаджагъэ хэмыпщIэн папщIэ. Мы зи чэзу зэIущIэр ирагъэкIуэкIащ УМВД-м деж щыIэ Жылагъуэ советым и унафэщI Бэгъуэт Хьэмидбийрэ управленэм и инспектор, полицэм и майор Энеев Ильясрэ. Энеевыр тепсэлъыхьащ тутнакъэщым къикIыжахэм щIэныгъэ зэрырагъэгъуэт, лэжьапIэ зэрагъэув, я щыIэкIэ-псэукIэр зэрызэтраублэж, я узыншагъэм зэрырагъэIэзэ, хуитыныгъэ и лъэныкъуэкIэ зэрызыщIагъакъуэ Iэмалхэм. Бэгъуэт Хьэмидбий жиIащ УМВД-м и Жылагъуэ советым хэтхэр цIыхухэм щаIущIэ махуэ хэхахэр зэраIэр. А зэIущIэхэм тутнакъэщым къикIыжахэри кIуэ зэрыхъунур, я Iуэху дагъэкIынымкIэ къадэIэпыкъун, чэнджэщэгъу къахуэхъун абдеж зэрыщагъуэтынур. Хабзэхъумэхэмрэ жылагъуэ лэжьакIуэхэмрэ къекIуэлIахэм я упщIэхэм жэуап пыухыкIахэр иратащ.
Поделиться:
Читать также:
12.04.2026 - 12:26 →
Вагъуэхэм пхылъэтри…
12.04.2026 - 10:01 →
Гъуэгу захуэ тету къежьахэт...
11.04.2026 - 15:14 →
Къэпщытэныгъэр йокIуэкI
11.04.2026 - 13:41 →
Мылъкур зытрагъэкIуадэр
11.04.2026 - 13:14 →
ЕхъулIэныгъэщIэхэм хуопабгъэ
| ||





