Спорт

Армавир я плъапIэу

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм дзюдомкIэ и урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 12-м я бэнакIуэ 360-рэ, я ныбжькIэ илъэс I8-м щIимыгъуауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр къыщигъэлъэгъуащ икIи я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Хъуран Къантемыр, Мамий Атмир, Щоджэн Дэнызэ.
Борэн Иналрэ Хъуран Каринэрэ етIуанэ хъуащ, Iэпыч Мухьэмэд, БищIо Атхъан, Кастахов Марат, Гъэунэ Азнаур, Къумыкъу Алинэ, Бэч Анзор сымэ ещанэщ.

Дунейпсо зэпеуэм къыщыхожаныкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм иджыблагъэ къызэритамкIэ, Санкт-Петербург къалэм дзюдомкIэ щекIуэкIа дунейпсо зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ ди республикэм и лIыкIуэхэри.
Рахлин Анатолэ и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ мэкъуауэгъуэм и 1-2-хэм «Юбилейный» спорт комплексым щызэхэта I2-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ къэрал I5-м я бэнакIуэу 280-м нэблагъэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, я ныбжькIэ илъэс 2I-м щIимыгъуауэ икIи ахэр гуп I4-у гуэшауэ щытащ.

Урысей зэпеуэм макIуэ

«Кубок Пересвета» фIэщыгъэр зэрихьэу Дон Iус Ростов къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ каратэмкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 30-м я спортсмену 1150-рэ. 

Спорт хъыбархэр

Урысейм кикбоксингымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Дагъыстаным и Каспийск къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 76-м я спортсмену 2300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэси 10 - 18-м щIимыгъуауэ.

Щхьэлыкъуэдэсхэр зыщыгуфIыкI ухуэныгъэшхуэ

Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм спорткомплексрэ топджэгу губгъуэрэ щаухуэ. Лэжьыгъэхэр нэгъабэ ирагъэжьауэ щытащ икIи ухуакIуэхэм зыхуагъэувыжауэ щыта пIалъэм тету ирагъэкIуэкI. 
Къуажэдэсхэм я дежкIэ спорт ухуэныгъэ кърагъэжьахэм мыхьэнэшхуэ яIэщ икIи, гугъэфIхэр ирапхыу, щыгуфIыкIыу ахэр кIэлъоплъ лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым. И щхьэусыгъуэращи, абыхэм я фIыгъэкIэ жылэдэсхэм я псэукIэ-щыIэкIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зихъуэжынущ: я узыншагъэр щрагъэфIакIуэ щIыпIэ яхуэхъунущ, спорт зэхьэзэхуэшхуэхэр щызэхашэфынущ. 

Европэм и чемпионхэр

Азербайджаным и къалащхьэ Баку иджыблагъэ щекIуэкIащ Европэм «грэпплинг», «грэпплинг-ги» спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ къэрал 15-м я спортсмен нэхъ лъэщу 340-м щIигъу. 
Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэу Урыс Мухьэмэдрэ Аппаев Амиррэ икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, ехъулIэныгъэфI дыдэхэр зыIэрагъэхьащ.

Кудом хуэIэзэхэр

Ставрополь крайм и Минводы къалэм щыIэ, гъэлъэгъуэныгъэ зэхуэмыдэхэр щрагъэкIуэкI «МинводыЭКСПО» центрым иджыблагъэ щызэхэтащ кудомкIэ урысейпсо зэхьэзэхуэр. «ЦIэщIэхэр» зыфIаща а зэпеуэм кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу I9-м я спортсмен 400-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс I2-м къыщыщIэдзауэ нэхъыжьхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ цIыкIум дыщэ медалищ зэхьэзэхуэм къыщихьын хузэфIэкIащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Бетрожь Артур (кудо-коэффициенту I90-рэ), Хутэ Беслъэн (230-рэ), Исмэхьил Исмэхьил (260-рэ).

Гуп зэпеуэм щытокIуэ

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм тхэквондомкIэ (ВТФ – Олимп джэгухэм хыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) я зэхьэзэхуэ. Мы гъэм мэкъуауэгъуэм и 14 - 17-хэм Красноярск къалэм щызэхэтыну Урысейм и еджакIуэхэм я I2-нэ спартакиадэм ягъэкIуэнухэр къызэрыхах зэпеуэу щытащ ар. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэр абы къыщыгъэлъэгъуауэ щытащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэм икIи зэфIэкIыфIхэр къагъэлъагъуэу гуп зэпеуэм япэ увыпIэр щаубыдащ.

Я къарур япсыхь

Урысей ФССП-м и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэм япэ увыпIэр къыщахьащ суд приставхэм я щIыналъэ IэнатIэхэу КИФЩI-м щыIэм двоеборьемкIэ 2024 гъэм ирагъэкIуэкIа чемпионатым и етIуанэ Iыхьэм. 

Спорт

Налшык къалэм и универсальнэ  спорт комплексым иджыблагъэ щызэхэтащ Кавказ Ищхъэрэм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ бэнакIуэу 260-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуауэ.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт