|
|
Спорт
31 марта, 2026 - 15:12
Бахъсэныр етIаунэщ
«Федерацэм и Кубок» фIэщыгъэр зэрихьэу киокусинкаймкIэ ветеранхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыхьыр иIэту зэпеуэм щыIащ Бахъсэн Хьэсэн икIи килограмм 90 зи хьэлъагъхэм я деж етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Ди щIалэр щызэуар илъэс 45-50 зи ныбжь спортсменхэр зыхэта гупырщ.
Бахъсэным зэIущIищ щригъэкIуэкIат зэхьэзэхуэми, тIум щытекIуащ абыхэм хухаха зэманхэр икIэм нимыгъэсу. Хьэсэн къыдэлажьэр тренер-егъэджакIуэ Ахъмэт Артурщ.
27 марта, 2026 - 08:08
Iуэхур зыIутрати, Японием щыIэ Кобе къалэм волейболымкIэ зэхьэзэхуэ щекIуэкIырт. Зэпеуэр мы спорт унэтIыныгъэм и гуп къыхэхахэрт. Топыр зэрыдахуфымкIэ я зэфIэкIыр къыщагъэлъагъуэм, волейболист пажэхэм яз Нисидэ Юдзи ейр джэгупIэм и бгъум деж щыт хъыджэбзым и нэкIубгъум техуащ.
26 марта, 2026 - 11:38
Къэбэрдей-Балъкъэрым иджырей пятиборьем зыщегъэужьынымкIэ и Центрым щекIуэкIащ республикэм псы есынымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ ди щIыналъэм и район псоми я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 100-м щIигъу икIи абыхэм къызэпачащ кроль, баттерфляй, брасс, щIыбкIэ есынымкIэ, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэмкIэ метр 50, 100, 200 зи кIыхьагъ «гъуэгуанэхэр».
25 марта, 2026 - 11:55
ЗэрыгъэIуща фIэкIа умыщIэну, «уныддемыжьэныр Iэмал зимыIэщ» жызыIэу, си яужь къиува щIалэхэм дыздэкIуэну зызыхуэдгъэпсар Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъунапкъэр къуэкIыпIэ-ипщэ лъэныкъуэмкIэ иджырей Осетие-Ищхъэрэ-Аланием щегъэщIылIа щIыпIэм и Iэхэлъахэрт.
22 марта, 2026 - 10:46
Балъкъэрхэм я къэщIэрэщIэжыныгъэм и махуэр щагъэлъапIэм ирагъэхьэлIэу Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ дзюдомкIэ республикэ зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ 2010-2011 гъэхэм къалъхуа бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр икIи я хьэлъагъ елъытауэ ахэр гупибгъуу гуэшауэ щытащ.
19 марта, 2026 - 15:14
Карате
Ставрополь щIыналъэм щохьэщIэ
Ставрополь къалэм щекIуэкIащ а щIыналъэм киокусинкай каратемкIэ и зэхьэзэхуэ зэIуха. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Краснодар крайм, Орлов областым, Шэшэным, Дагъыстэным, Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 300-м щIигъу.
19 марта, 2026 - 09:26
Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм пкъыгъасэмрэ (физкультурэмрэ) спортымкIэ IэнатIэм зегъэужьыным теухуа зэIущIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ.
16 марта, 2026 - 09:54
Шэджэм щIыналъэм хыхьэ Щхьэлыкъуэ къуажэм и спорт комплексыщIэм къыщызэIуахащ зи Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэ сабийхэм хуэщIа спорт лIэужьыгъуэхэм зегъэужьынымкIэ, дзэ Iуэху хэхам хэтахэр реабилитацэ щIынымкIэ центр.
Иджыпсту абы зыщагъасэ зи Iэ-лъакъуэхэр дахэ-дахэу къыдэмыбз сабийуэ 10-м. Абыхэм я Iэпкълъэпкъыр гъэбыдэнымрэ зегъэужьынымрэ хуэгъэпса программэ щхьэхуэхэр ягъэхьэзыращ, спорт тренажерхэр, Iэмэпсымэхэр къащэхуащ.
Страницы
|