Спорт

Спорт хъыбархэр

Кикбоксерхэм я зэпеуэ

Дагъыстэным щыщ Каспийск къалэм Спортымрэ щIалэгъуалэмрэ я уардэунэм, Алиев Алий и цIэр зезыхьэм, иджыблагъэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм кикбоксингымкIэ и чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ. Абы щызэпеуащ КИФЩI-м и щIыналъэ псоми я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 1014-рэ, я ныбжькIэ илъэси 10-м къыщыщIэдзауэ 40-м нэсыху.

Футбол цIыкIу

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и IэнатIэ хэхахэм я хэщIапIэм щекIуэкIащ футбол цIыкIумкIэ чем­пио­нат. Абы хэтащ щIыналъэ командэу 5. Ар траухуат а IэнатIэр илъэси 10 зэрырикъум.

Тхум щыщу зыр дыщэу

Урысей Федерацэм цIыхухъухэм алыдж-урым бэ­нэкIэмкIэ я чемпионат Суздаль къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ. Апхуэдэуи, ар и фэеплъу щытащ УФ-м и ЛIыхъужь генерал-лейтенант Кутузов Роман. Зэ­хьэ­зэхуэм щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 49-м я спортсмену 250-м нэблагъэ. 

Спорт хъыбархэр

Къармэ Мажмудин и щIыхькIэ

Налшык къалэм дэт «Каисса» шахмат клубым щекIуэкIащ КъБР-м физкультурэмрэ спортымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къармэ Мажмудин и фэеплъ зэхьэзэхуэ. Мы гъэм етхуанэу зэхаша а зэпеуэр махуэ зыбжанэкIэ зэхэтащ икIи абы щызэхуэзащ шахматым дихьэхыу цIыху 200-м нэблагъэ.

 Накъыгъэм и 3-м блицымкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ Богов Хетаг, етIуанэ хъуащ Мыкъуэжь Беслъэн, ещанэр ТекIуий Эмирщ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр, ахъшэ саугъэтхэр иратащ.

Дыкъынэр ещанэщ

Европэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Болгарием и Самоков къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм ещанэ щыхъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсмен ныбжьыщIэ Дыкъынэ Руслан. 
Килограмм 44-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ди щIалэщIэм зэIущIэм зэхьэзэхуэ зыбжанэ хъарзынэу щригъэкIуэкIащ. Ещанэ увыпIэм щхьэкIэ абы къыпэщIэтащ Украинэм и бэнакIуэ, ауэ бжыгъэр 9:0-у Руслан ар хигъэщIащ.
Дыкъынэм и тренерхэр Табыхъу Тимуррэ Жыкъуэ Залымхъанрэщ. 
Зэпеуэм хэтахэр зи ныбжьыр илъэс 15-м щIимыгъуахэрщ.
Домбеякъыу тIу

Студентхэр зэпоуэ

КъБКъУ-м и спорт комплексым щекIуэкIащ студентхэм дзюдомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 80-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 17-25-рэ хъухэу. Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм Iэмал ягъуэтынут Урысейм и Кубокымрэ гъэмахуэ Универсиадэмрэ я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну, УФ-м и командэ къыхэхам зыхагъэхуэну. Абыхэм щхьэкIэ щIалэхэр щIэбэнащ медал комплекти 7-м, хъыджэбзхэр - 4-м. 

Депутатым и саугъэтым щIобэн

Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ Джафаров Магомед и цIэр зезыхьэ и спорт еджапIэм накъыгъэм и I3-м щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я ещанэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ. 
Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Шэшэным, Ингушым, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм, Мэзкуу къалэм, Азербайджаным я бэнакIуэу, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 15-м щIимыгъуауэ. Спортсменхэр щIэбэнащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Курбанов Рустам и саугъэтхэм. 

Спорт хъыбархэр

Ереван щохьэщIэ

НыбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ Армением и къалащхьэ Ереван иджыблагъэ щекIуэкIащ. Хэгъэрейхэм нэмыщI, абы щызэпеуащ Къэзахъстаным, Грузием, Урысей Федерацэм я бэнакIуэу 750-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 11-17 хъухэу.

УФ-м и командэм хэту зэхьэзэхуэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъэсэнхэр икIи медаль зэхуэмыдэу 11 абы къыщахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ щыбэна гупхэм щытекIуащ Мулай Алий, Ксанаев Муслим, Бегиев Джалил сымэ.

Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр

Краснодар крайм хыхьэ ТIуапсы районым и Новомихайловскэ къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм футболымкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэр, «MOLNIA CUP» фIэщыгъэр зезыхьэр. Абы щызэпеуащ 2015 гъэм къалъхуа топджэгу ныбжьыщIэхэр, псори зэхэту а щIыналъэм и команди 7. 

СПОРТ ХЪЫБАРХЭР

ТекIуэныгъэм и махуэм

 «Кэнжэ» спорт комплексым ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ иджыблагъэ дзюдомкIэ щызэхаша республикэ зэхьэзэхуэм щызэпеуащ бэнакIуэу 127-рэ, 2013 гъэм къалъхуахэу.

Страницы

Подписка на RSS - Спорт