Челябинск къалэми зыкъыщрагъэцIыхуУрысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ гъатхэпэм и 1 - 3-хэм Челябинск къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ къитащ республикэм СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм. Зэпеуэм хэта, илъэс 17 - 18 зи ныбжь спортсменхэр спорт лIэужьыгъуиплIкIэ зэхьэзэхуащ - псы есынымкIэ, фехтованиемкIэ, къызэдэжэнымкIэ, нэщанэ еуэнымкIэ. Абыхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь, ди командэм хэт Воронин Артем, Къубей Сабирэ, Трещев Всеволод, Iэпщэ Темболэт сымэ зэхэту очко 3537-рэ къахьащ икIи абы и фIыгъэкIэ ещанэ увыпIэм дэкIуеящ. Зэхьэзэхуэм щытекIуащ Башкирием и командэр, абы къыкIэлъыкIуэ увыпIэр Краснодар крайм и гъэсэнхэм яубыдащ. ИпэIуэкIэ хъыбар зэрыщыIащи, Къэбэрдей-Балъкъэрым двоеборьемкIэ и цIыхубз командэр Челябинск къалэм щызэхэта урысейпсо зэхьэзэхуэми ещанэ щыхъуащ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
03.05.2024 - 15:27 →
ЕтIуанэ увыпIэр къахь
03.05.2024 - 09:58 →
Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь
|