Тхыдэр зи къежьапIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щагъэлъэ­пIащ «СССР-р къэрал лъэщщ» дунейпсо сабий творческэ зэхьэзэхуэм щыте­кIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ. Зэ­пеуэр УФ-м и Коммунист партым и комитет нэхъыщхьэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщат Совет Социалист Республикэхэм я Союзыр къызэрыунэхурэ 2022 гъэм илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ.

Iуэхум и лъабжьэу щытар иджырей щIалэгъуалэр хэкупсэу, лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр ялъытэу къэгъэхъунырщ, ди къэралым и тхыдэр яфIэгъэщIэгъуэну егъэ­джынырщ.
КъызэгъэпэщакIуэхэр хущIэкъуащ совет зэманым зы унагъуэшхуэм хуэдэу лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр зэрызэдэпсэуамрэ яIа ехъулIэныгъэхэмрэ щIэблэр зэрыхагъэгъуэзэным. Мыпхуэдэ Iуэхухэр егъэкIуэ­кIыным мыхьэнэшхуэ яIэщ, Урысейм и бийхэр СССР-м хэта щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэр зэпэщIагъэувэжыну мы зэманым зэрыхэтыр къэплъытэмэ. 
Зэпеуэм текIуэныгъэ къыщызыхьахэр КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ. Абы хэтащ КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и япэ секретарь, КПРФ-м и фракцэу республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм хэтым и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Пащты Борис, КъБР-м и Парламентым ЩэнхабзэмкIэ, граждан жылагъуэмрэ хъыбаре­гъащIэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI, КПРФ-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и комитетым и секретарь Къумал Заурбэч, Налшык къалэм щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и советым и депутат, КПРФ-м и Налшык къалэ комитетым и япэ секретарь, педагогикэ лэжьыгъэм и ветеран Шыдакъ Евгение, «Урысейм и гугъэ» урысейпсо цIыхубз зэгухьэныгъэ» жылагъуэ зэщIэхъееныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и советым и унафэщI Черновэ Алёнэ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, дунейпсо зэхьэзэ­хуэм Урысейм и щIыналъэхэмрэ союз республикэм хиубыдэу щытахэмрэ я щIалэ­гъуалэ 1300-м щIигъу зэрыхэтар (илъэсихым къыщыщIэдзауэ 18-м нэс я ныбжьу).
КъызэгъэпэщакIуэ комитетым лэжьыгъэ нэхъыбэ езыгъэхьар Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм щIэсхэрт - ­180-м щIигъу.
Зэхьэзэхуэр IыхьиплIу гуэшауэ щытащ: «СурэтыщI гъуазджэ», «Макъамэ», «Литературэ», «Тхыдэм и напэкIуэцIхэр». ЩIалэгъуалэм Iэмал яIащ я лэжьыгъэм СССР-м и гъащIэр къыщагъэлъэгъуэну: лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэр, Хэку зауэшхуэм и зэманым совет цIыхухэм яIа лIыгъэр, совет школхэм егъэджэныгъэр зэрыщызэфIэувар, пионер лагерхэм зэрызыщагъэпсэхуу щытар, нэгъуэщI куэди. Лэжьыгъэ нэхъыфIхэр къыхихащ УФ-м и Коммунист партым и Комитет Нэхъыщхьэм и унафэщI, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и депутат Зюганов Геннадий зи ­пашэ къэпщытакIуэ гупым. 
Ди хэкуэгъухэм япэ, етIуанэ, ещанэ нагъыщэхэр яIэу зэпеуэм щIыхь тхылъу бгъу къыщахьащ. Саугъэт нэхъыщхьэр къы­хуагъэфэщащ Налшык къалэм гъуазджэхэмкIэ и сабий школ №1-м зыщызы­гъасэхэм. Абыхэм ягъэхьэзырат сыхьэтрэ ныкъуэкIэ екIуэкI «Фэеплъ уахътыншэ» зыфIаща фильмыр. Абы лъабжьэ хуащIар школым и гъэсэнхэм ягъэзащIэ уэрэдхэмрэ къафэхэмрэт, усэхэм гъэхуауэ къы­зэреджэрт. Апхуэдэуи абыхэм я сурэтхэр траухуат Совет Союзым и лъэщагъым, ди Хэкум и тхыдэм. НыбжьыщIэхэр ягъэхьэзыращ ДШИ-м и унафэщIым пшыхьхэм хуэгъэхьэзырынымрэ хэзыгъэгъуазэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Котовская Асярэ егъэджакIуэ Тищенкэ Екатеринэрэ.
ЩIыхь тхылъхэмрэ СССР-р илъэси 100 зэрырикъуам и щIыхькIэ къыдагъэкIа фэ­еплъ медалхэмрэ хуагъэфэщащ ныбжьы­щIэхэр зэпеуэм хуэзыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
Депутатхэр абыхэм ехъуэхъуащ иджыри ехъулIэныгъэ куэд яIэну.

Къанщауэ Мэлычыпхъу.
Поделиться: