ЗэIущIэхэр

Зэдэарэзыуэ къулыкъур къыхуагъэнэж

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ жэпуэгъуэм и 10-м зи мычэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар зытеухуауэ щы­тар Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащ­хьэм республикэм и Правительст­вэм и УнафэщIу Мусуков Алий ягъэувыну къызэ­ры­хилъ­хьам и IуэхукIэ депутатхэм Iэ яIэ­тынырт.

КъалэныщIэм теухуа зэIущIэ

«ГъащIэм хуэгъэпса инф­раструктурэ» лъэпкъ проектыщIэу 2030 гъэ пщIондэ зэ­фIэгъэкIын хуеймрэ щIыналъэхэр а лэжьыгъэм зэры­хуэ­хьэзырымрэ теухуат УФ-м и Правительствэм и Унафэ­щIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат видеоконференц IэмалкIэ иригъэкIуэкIа, Правительствэм ЩIы­налъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэр. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

КиберщIэпхъаджагъэхэм щахъумэ

УФ-м и МВД-м КъБР-м щиIэ къудамэм фокIадэм и 11-м зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы щытеп­сэлъыхьащ бзаджащIэхэм электрон Iэмалхэр къагъэ­сэбэ­пурэ цIыхухэм я мылъкур къы­зэрыIэщIагъэкIым, жылагъуэр апхуэдэ хабзэншагъэхэм зэрыщахъумэ Iэмалхэм, зэ­рыпэ­щIэт щIыкIэхэм. 

Архитекторхэмрэ ухуакIуэхэмрэ зэIэпэгъущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ фокIадэм и 13-м республикэм къыщызэIуаха, Кавказ Ищхъэрэм АрхитектурэмкIэ и VIII фестивалым хэтхэм. Урысейм щыщ архитектор пажэхэр къызэ­кIуэлIа зэхуэсышхуэр егъэщIылIащ 2024 гъэр Архитектурэм и илъэсу зэрыщытым. 

Прохладнэр йофIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэр Прохладнэм щыкIуам къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Архангельский Вячеславрэ Прохладнэ щIыналъэ администрацэм и тхьэмадэ Журавлев Андрейрэ яхуэзащ. 

КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ щIыналъэхэм я социально-экономикэ зыужьыныгъэмрэ егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуэхьэзырымрэ. Апхуэдэуи лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэмрэ сабий гъэсапIэхэр зэгъэпэщыжынымкIэ программэм муниципалитетхэр зэрыхэтымрэ я гугъу ящIащ. Гулъытэ хэха хуащIащ дзэ Iуэху хэхам щыIэ ди зауэлIхэм, абыхэм я унагъуэхэм, ветеранхэм ядэIэпыкъуным.

Гъуэгухэр къагъэщIэрэщIэж, Мыл уардэунэр яух

Республикэм щекIуэкI ухуэныгъэхэм ящыщхэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зригъэлъэгъуащ.

Гъэ еджэгъуэщIэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ ­республикэм и Правительствэм и лIыкIуэхэр, щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэт зи чэзу зэIущIэр. Абы щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэмрэ къэрал программэхэмрэ зэрагъэзащIэм.

ЦIыхубэр зыхуэныкъуэр ягъэнэхъапэ

УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и президиумым  и зэIущIэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ Правитель­ствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. 

Бжььыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу

КъБР-м Ухуэныгъэмрэ архитектурэмкIэ и министерствэм и комиссэм и зэIущIэ шыщхьэуIум и 7-м зэхэтащ. Комиссэм и Iэтащхьэу хахащ КъБР-м и Правительствэм и япэ къуэдзэ ­Къуныжь МуIэед. Зэхыхьэр теухуауэ щытащ 2024 - 2025 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм республикэм и IуэхущIапIэхэмрэ псэупIэ унэхэмрэ хуабэкIэ къызэгъэпэщыным зэрыхуэхьэзырым. 

Лъэпкъ пэхуэщIэхэр зэрагъэзащIэм арэзы къещI

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу ­КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Владимиров Максимрэ зэгъусэу зэIущIэ иджыблагъэ ирагъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ лъэпкъ пэхуэщIэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ мы гъэм республикэм щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэм зэрехъулIэ щIыкIэм. 

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр