ЗэIущIэхэр

Къалэхэмрэ къуажэхэмрэ ефIэкIуэн хуэдэу

КъБР-м и Iэтащхьэм иригъэкIуэкIа зи чэзу «муниципальнэ сыхьэт» зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэ­дзэ Къуныжь МуIэед, КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим, ­КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и ми­нистр ДыщэкI Аслъэн, щIыпIэ администрацэхэм я унафэщIхэр. 

Iуэху щхьэпэм пащэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым ще­кIуэкI «Ди сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ папщIэ» наркотикым пэщIэт профилактикэ акцэм адэкIи ­пащэ. Апхуэдэ зэIущIэхэр ще­кIуэкIащ Налшык къалэ и курыт еджапIэхэу №№1, 15, 19, 23-хэм. 

Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ зи чэзу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. «Правительствэм хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр тепсэлъыхьащ Украинэм зи ­къалэнхэр щызыгъэзащIэхэм я унагъуэхэм зэрадэIэпыкъу Iэмалхэм.

Иджырей мардэхэм тету зрагъэужьынущ

Урысей Федерацэм экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Бахъсэн и псыхъуащхьэхэмкIэ щыIэ Адылсу къуэ бгъунжым дэт «Шхельдэ» егъэзыпIэм журналистхэм драгъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм адэкIи зегъэужьыным хуэгъэзауэ зыхуагъэувыжа къалэнхэр зыхуэдэм.

         Кърахьэжьа проектыщIэм и зэхэлъыкIэм щытепсэлъыхьым, Назаровым игъэбелджылащ:

Егугъуу еджэным къыхураджэ

Бахъсэн къалэм Сабий творчествэмкIэ и унэм, Налшык дэт «ДыгъафIэ къалэ» сабий творчествэмкIэ академием я гъэсэнхэр, ШколакIуэхэм я урысейпсо зэщIэхъееныгъэм и лэжьыгъэм жыджэру хэт ныбжьыщIэхэр иджыблагъэ яхуэзащ КъБР-м и Парламентым и депутатхэм. ИлъэсыщIэм ипэ къихуэ зэхуэсым къыщаIэтащ школакIуэхэм яфIэхьэлэмэт Iуэхугъуэ куэд. 

Хэкупсэхэм я дерсхэр

Афганистаным щызэуахэм, щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щекIуэкIа зауэхэмрэ зэпэщIэтыныгъэхэмрэ хэтахэм я хасэм къызэригъэпэщри, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ пэхуэщIэхэмкIэ и министерствэмрэ зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ зауэлIхэм я «ДзэкIуэлI» зэгухьэныгъэмрэ я дэIэпыкъуныгъи хэлъу, «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэр щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм щIэпIыкIынымрэ хэкупсэу къэгъэтэджынымрэ я IуэхукIэ» зи фIэщыгъэ Iэнэ хъурейр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ.

ЩIэныгъэмрэ фэеплъымрэ

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым химиемрэ биологиемкIэ и институтым «ГъэгъулIа удзхэм я пэшым» иджыблагъэ фIащащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, биологиемкIэ, щIыуэпсымрэ псэущхьэхэм я лъыщхьэмкIэ кафедрэм и профессору щыта Слъон Людин и цIэр.

АкъылкIэ къалэжьа мылъкур хъумэным хуэунэтIауэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым акъылкIэ къалэжьа мылъкур хъумэным икIи абы къыщыжыным хуэунэтIа зэIущIэ зыбжанэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. КъБКъУ-м и IэщIагъэлIхэм ящыщу цIыхуищэм нэблагъэ зыхэта а зэхуэсыр къызэзыгъэпэщари езыгъэкIуэкIари ЩIэныгъэ къэхутэныгъэхэмрэ инновацие лэжьыгъэмкIэ и къудамэм технологие жэрдэмыщIэхэмкIэ и центрырщ.

Фысакъ

 «Россельхознадзор» ФГБУ-м и «Къэбэрдей- Балъкъэр референт центрым къет»

Мэлхэм къеуалIэ Iуей узыфэ зэрыцIалэр нэхъ шынагъуэхэм хабжэ, ар къэзыгъэхъей вирусри гъэкIуэдыгъуейщ. АтIэ дауэ абы узэрыпэщIэтынур?

Узыр Iэщым къыпкърыхьа нэужь, япэ махуи 4-14-р зэхамыщIащэу йокIуэкI, абы и ужькIэ я нэхэр къопщ, я нэпс-пэпсыр къыпож, къарит плъыржьэрагъыр градус 41- 42-м щынэс щыIэщ. Iуейм зэман хэха иIэкъым, Iэщхэм я ныбжьыми елъытакъым. Ар зыпкърытхэр щтэIэщтаблэ мэхъу, шхыным ягу хуэкIуэркъым.

КъыхэтхыкIым кърикIуахэр наIуэ къащIынущ

ЩэкIуэгъуэм и 30-м ТАСС хъыбарегъащIэ IэнатIэм и пресс-центрым пресс-конференц щекIуэкIащ 2021 гъэм мэкъумэш IэнатIэм щекIуэкIа къыхэтхыкI цIыкIум (микропереписым) кърикIуахэм ятеу­хуауэ. Абы хэтащ Росстатым и унафэщIым и къуэдзэ ­Васильев Игорь, Урысей Федерацэм мэкъумэш IэнатIэмкIэ и министрым и япэ къуэ­дзэ Лут Оксанэ, Шэ къыщIэ­зыгъэкIхэм я лъэпкъ зэгухьэныгъэм (Союзмолоко) и генеральнэ унафэщI Белов Артём, Къуажэхэм щыщыIэ ныкъусаныгъэхэр къэху­тэнымкIэ щIэныгъэ центрым и унафэщI Горячкэ Марие сымэ.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр