|
|
ЗэIущIэхэр
10 августа, 2024 - 06:00
Республикэм и Правительствэм и лIыкIуэхэр, щIыналъэ администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэт зи чэзу зэIущIэр КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Какзбек иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ «2030 гъэ пщIондэ, къыкIэлъыкIуэу 2036 гъэм нэсыху Урысей Федерацэм зэрызиужьыну унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президентым и Указыр зэрагъэзащIэм. Абы и лъабжьэр жылагъуэр хъумэнырщ, цIыхухэм я узыншагъэр, зэIузэпэщ псэукIэр егъэфIэкIуэнырщ, унагъуэхэр дэIыгъынырщ.
28 июля, 2024 - 10:48
Налшык, ди республикэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ щыIэ паркым ит гъэлъэгъуапIэм, къыщызэIуахащ ХудожествэхэмкIэ Урысей академием и академик СэвкIуий Хьэмид и «Ковчег» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар сурэтыщIым и илъэс 60-м и щIыхькIэ ягъэхьэзыра Iуэхухэм ящыщ зыщ. Гъэлъэгъуэныгъэр къызэIуихащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Абырэ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий Маратрэ СэвкIуийм иратащ щIакIуэрэ адыгэ пыIэрэ.
13 июля, 2024 - 11:29
Пятигорск лэжьэн щыщIидзащ «ТАСС Кавказ» щIыналъэ хъыбарегъащIэ центрым. Абы и хэщIапIэм щекIуэкIа зэIущIэ гуапэм хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, ТАСС хъыбарегъащIэ агентствэм и унафэщI Кондрашов Андрей. ЗэIущIэр щекIуэкIым ТАСС-м Москва, Санкт-Петербург, Екатеринбург, Новосибирск нэхъапэкIэ къыщызэIуиха пресс-центрхэм телелъэмыжкIэ зэпащIащ.
13 июля, 2024 - 10:28
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 11-м иригъэкIуэкIащ ухуэныгъэ нэхъ инхэр зэрызэфIагъэкIыну щIыкIэм епха зэIущIэ. Абыхэм яхэтщ лышхыр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерыр, Творческэ щIалэгъуалэм я уардэунэр, Бахъсэн псы къыдэшыпIэр.
13 июля, 2024 - 08:07
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ бадзэуэгъуэм и 9-м иригъэкIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху IуэхущIапIэм и еханэ зэхуэсыгъуэм и иужьрей зэIущIэр. Абы республикэ закону 8-м зэхъуэкIыныгъэхэр щыхалъхьащ, «Правительствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ират дэIэпыкъуныгъэм щытепсэлъыхьащ.
13 июля, 2024 - 07:05
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Къэрал гъуэгу агентствэм Налшык щригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы къекIуэлIащ Росавтодор IуэхущIапIэм къедза Жылагъуэ советым, УФ-м и Жылагъуэ советым псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ, ухуэныгъэ Iуэхухэмрэ гъуэгухэмкIэ и комиссэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэмрэ республикэм Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм дэлажьэ Жылагъуэ советымрэ я лIыкIуэхэр.
11 июля, 2024 - 10:43
Урысей Федерацэм ГъуэгухэмкIэ и федеральнэ агентствэм хэтхэмрэ Кавказ Ищхъэрэ, Ипщэ федеральнэ щIыналъэхэм я автомобиль зекIуапIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ щыщыIэ IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэмрэ, бадзэуэгъуэм и 10 – 11-хэм къриубыдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгущIэхэм ящыщ зыбжанэр къаплъыхьынущ, абы къыдэкIуэу Урысейм и федеральнэ гъуэгу IэнатIэм и зи чэзу зэхуэсри ди хэгъэгум щрагъэкIуэкIынущ.
6 июля, 2024 - 09:30
КъБР-м и Парламентым и президиумым хэтхэр яIущIащ Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и лIыкIуэхэм. Ищхъэрэ къалащхьэм къикIахэм ирагъэлъэгъуащ ди щIыналъэм и депутатхэм я хэщIапIэр, ахэр едэIуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и тхыдэм, абы и парламентаризмэр зэрызэфIэувам теухуауэ хуаIуэтахэм.
6 июля, 2024 - 07:29
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Захуагъэ здэщыIэ Урысей - Пэжым и телъхьэу» партым и тхьэмадэ, УФ-м и Къэрал Думэм а партым и фракцэм и Iэтащхьэу щыIэ Миронов Сергей.
29 июня, 2024 - 09:18
УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Чайкэ Юрий езым и Советым и зэIущIэ Дагъыстэным щригъэкIуэкIащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуащ а республикэм иужьрей махуэхэм къыщыхъуа гузэвэгъуэм, лъэпкърэ динкIэ зэхэгъэж щымыIэн папщIэ, гу зылъытапхъэ къалэнхэр яубзыхуащ.
Страницы
|