ЩIалэгъуалэ палатэм хэтынухэр къыхахКъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ ЩIалэгъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэ. Абы хыхьэну хуейуэ цIыху 50 щызэхуэсат хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм. ЩIалэгъуалэм я зэфIэкIыр здынэсыр къапщытащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетымрэ КъэпщытакIуэ гупым хэтхэмрэ. МахуищкIэ екIуэкIа къэпщытэныгъэ лэжьыгъэм зригъэхьэлIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы жиIащ КъБР-м и Парламентым псом япэ иригъэщ Iуэхугъуэхэм щIалэгъуалэм теухуар зэрыхиубыдэр, къэралым щыяпэу ЩIалэгъуалэ палатэ ди деж къызэрыщызэIуахар абы щыхьэт зэрытехъуэр.
Поделиться:
Читать также:
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
06.04.2024 - 09:00 →
Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэм арэзы къещI
|