Къат куэду зэтет унэхэр зыхуей хуагъазэ

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэху­гъуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щытепсэ­лъыхьа зэIущIэ. 

КъБР-м и инфраструктурэ проектым теухуауэ ялэжь Iуэхухэм зэхъуэ­кIыны­гъэхэр зэригъуэтым и гугъу ищIащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-комму­нальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. Ар теухуауэ щытащ УФ-м и феде­ральнэ мылъкум щыщу инфраструктурэ проектхэр ягъэзэщIэн папщIэ щIы­налъэхэм 2023 гъэм трагуэшэну бюджет кредитым. Министрыр къытеувыIащ КъБР-м къат куэду зэтет унэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ щыIэ программэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм. ЩIыналъэ программэм хагъэкIыжащ кхъахэ хъуауэ къалъыта унитху, апхуэдэуи, фэтэритху нэхъыбэ зыхэмыт унэ зэтет 56-рэ. Программэм щIэуэ хагъэхьащ къат куэду зэтет унэ 54-рэ. 
2017 гъэм щIышылэм и 1-м щегъэжьауэ 2022 гъэм щIышылэм и 1-м къриубыдэу кхъахэу къалъыта къат куэду зэтет унэхэм я бжыгъэм зэрызихъуэжми тепсэлъы­хьащ министрыр. Кхъахэ хъуа унэхэм я фондым къыхэхъуэнущ метр зэбгъу­зэнатIэ 1862,6-рэ: Янтарнэ къуажэм щыIэ къат куэду зэтет унитIрэ Псыкуэд щыIэ зы унэрэ. Абыхэм щопсэу цIыхуи 132-рэ. Зыри зыщымыпсэу фэтэрхэр кхъахэ хъуа унэхэм зэрахэтым къыхэкIыу, фондым хагъэкIыжащ метр зэбгъузэ­натIи 109,7-рэ. Кхъахэ хъуа унэхэм я фондым хэту къабжащ унэ 63-рэ. Ар ­метр зэбгъузэнатIэ 32361-рэ мэхъу. 
Республикэм и къэрал мылъкум хэта IуэхущIапIитI щIыналъэ мылъкум хагъэ­хьэжащ: сом мелуан 489,5-рэ и уасэ Iэмэпсымэрэ техникэкIэ къызэгъэпэща, Аруан щIыналъэм, Нарткъалэ, Свободэ уэрамым тет школымрэ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм Къалмыкъым и уэрамым тет, сом мелуан 382,7-рэ и уасэ Iэмэпсымэрэ техникэкIэ къызэгъэ­пэща школымрэ. Абы тепсэлъыхьащ КъБР-м щIы, мылъку зэхущытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. 
2022 гъэм республикэм и къэрал мылъкур зэрагъэзэщIам къытеувыIащ КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ. 
2022 гъэм республикэм къыхэхъуащ сом мелард 64,8-рэ. Налог, мыналог хэхъуэхэр сом мелард 16,2-рэ, зымы­гъэзэж мылъкур сом мелард 48,6-рэ мэхъу. 
- Хэхъуэр нэхъыбэу къызыпэкIуахэм ящыщщ илъэс кIуам хьэрычэт мащIэм­-рэ курытымрэ хэтхэм, я щхьэ хуэ­лэ­жьэжхэм папщIэ субсидиеу сом ме­­-ларди 3-м щIигъу республикэм зэритар. Зыхуей хуэгъэза унэ ухуэным хуаунэтIащ сом меларди 7,8-рэ. Ар хуэдитхукIэ нэхъыбэщ 2021 гъэм а Iуэхум хухахауэ щытам нэхърэ. Бюджет IуэхущIапIэхэм хьэпшыпхэр къащэхунымрэ Iуэхутхьэбзэ щхьэхуэхэр зыIэрагъэхьэнымрэ сом мел­уани 7,6-рэ ихьащ, - жиIащ Лисун Еленэ. 
2022 гъэм КъБР-м къигъэсэбэпа мылъ­кур сом мелард 63,1-рэ мэхъу. Процент 98,3-кIэ гъэзэщIа хъуащ ар. Нэхъыбэу мылъку трагъэкIуэдащ егъэджэныгъэм, медицинэм, цIыхухэм я щыIэкIэ -псэукIэр егъэфIэкIуэным. Улахуэм ихьащ сом мелард 16, социальнэ дэIэпыкъуны­-    гъэм - сом мелард 17. Апхуэдэ дэIэпы­къуныгъэр яIэрыхьащ республикэм и цIыху мини 3-м щIигъум. 
2023 гъэмрэ дызыхуэкIуэ 2024 - 2025 илъэсхэмрэ ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ Iуэхутхьэбзэм и мылъкум теухуауэ щыIэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэIущIэм къыщигъэ­нэIуащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. 
ЗэхъуэкIыныгъэхэр нэхъыбэу тещIы­хьащ фондым къыхэхъуэ ахъшэм зэры­зихъуэжымрэ ар къызэрагъэсэбэпыну Iэмалхэмрэ. 
- Фондым и мылъкур нэхъыбэ ящIащ Iуэхугъуэ зыбжанэм. 2022 гъэм къа­мыгъэсэбэпу къэнащ сом мелуани 176,9-рэ. ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ стра­хованэм мыналог мылъкуу къыхэхъуащ сом мелуани 5,247-рэ. Апхуэдэу мылъку къыпэкIуащ республикэм щымыщ медицинэ IуэхущIапIэхэм егъэбыдылIа цIыхухэм медицинэ Iуэхутхьэбзэ зэры­ратам, - къыхигъэщащ Къалэбатэм. 
КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэ­пыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим игъэбелджылащ къулыкъум пэ­рыту хэ­кIуэдахэм я унагъуэхэмрэ гугъуехь пэ­щIэхуа цIыхухэмрэ ядэIэпыкъуным теухуа проект зыбжанэ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: