ЩIэблэм я хуитыныгъэхэмрэ унагъуэ лъапIэныгъэхэмрэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Сабийм и хуитыныгъэ­хэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Лъынэ Светланэ. НыбжьыщIэхэм я къащхьэщыжакIуэм щIыналъэм и Iэтащхьэм и пащхьэ щищIащ 2022 гъэм зи пашэ IэнатIэм щызэфIаха лэжьыгъэхэмрэ дызэрыт лъэхъэнэмрэ ятеухуа доклад шэщIа. 

Лъынэм зэрыжиIамкIэ, блэкIа илъэсым IэнатIэм зэрызыкъыхуагъэза Iуэхугъуэхэм я нэхъыбапIэр унагъуэхэм яхуэгъэза хабзэхэм ятещIыхьащ. Сабий зыпI унагъуэхэм гъэ блэкIам къриубыдэу яIэрыхьа социальнэ дэIэпыкъуныгъэр сом мелард 25-рэ мэхъу. Къэралым защIигъэкъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэу унагъуэ мин 75-м щIигъум. 
Апхуэдэу, 2022 гъэм республикэм щагъэ­зэщIащ лышх узыр, зэзэмызэххэ фIэкIа узримыхьэлIэ узыфэ шынагъуэхэр зыпкърыт са­бийхэр хущхъуэрэ ерыскъыпхъэ хэхахэмкIэ къызэгъэпэщыным епха Iуэхугъуэхэр. Абыхэм псори зэхэту текIуэдащ сом мелуани 114,6-рэ. Республикэм и Iэтащхьэм ищIа унафэм тету, фошыгъу уз зыпкърыт сабийхэм къызэрагъэпэщ лъым фошыгъу ткIуаткIуэу хэлъыр къызэрапщ IэмэпсымэхэмкIэ. КъинэмыщIауэ, зи ныбжьыр илъэсищым нэмыса сабийхэм, апхуэдэу унагъуэшхуэхэм я бынхэу илъэсих иримыкъуахэм ящыщу амбулаторэхэм щагъэ­хъужхэм пщIэншэу ират хущхъуэхэр кърыращэхуну республикэ мылъкум къыхэкIыу ­хуаутIыпщ ахъшэм хуэдиплI хуэдизкIэ хэхъуащ. А унэтIыныгъэмкIэ екIуэкI лэжьыгъэм адэкIи зрагъэужьынущ. 
КIуэкIуэ Казбек къыхигъэбелджылыкIащ ­сабийхэм я хуитыныгъэр хъума хъунымкIэ ­IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм яку зэпыщIэныгъэ зэры­дэлъым мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Гулъытэ хуа­щIащ сабий зеиншэхэм, адэ-анэм я нэIэм щIэмытыжхэм, зи узыншагъэм сэкъат иIэхэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ ядэIэпыкъун зэрыхуейм. Апхуэдэу зэIущIэм щытепсэ­лъы­хьащ еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ психолог­хэмкIэ, зэпэщIэувэныгъэхэр зэтезыуIэфIэж ­комиссэхэр къыщызэгъэпэщыпхъэу зэры­щытми. Респуб­ликэм и Iэтащхьэм унафэ ищIащ балигъыпIэ нэмысахэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ, унагъуэ лъапIэныгъэхэр къэмыгъэтIэсхъэнымкIэ адэ-анэхэм я пщэ­рылъхэр ягъэзэщIэным нэхъ ткIийуэ кIэлъы­плъын хуейуэ. 

Поделиться: