Депутатхэм зауэ Iуэху хэхам хэтхэм зыщIагъакъуэ

Дзэм къулыкъу щызыщIэхэу зауэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэхэм гулъытэ яхуэщIыныр нобэ КъБР-м и Парламентым и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Хабзэубзыху IэнатIэм и депутатхэм абыхэм аргуэру хурагъэшащ гуманитар дэIэпыкъуныгъэ: гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм папщIэ дзэ Iуэхум хухэха щыгъынхэр, щыжейкIэ зыхуэныкъуэну хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, нэгъуэщI куэди. 

КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финансхэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил зэрыжиIамкIэ, дзэм къу­лыкъу щызыщIэхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэм ятещIыхьауэ хьэпшыпхэр ягъэхьэзыращ.
- Зауэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэр дэIэгъынымкIэ республикэм лэжьыгъэшхуэ щрагъэкIуэкI. КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ нобэр къыздэсым абы трагъэкIуэдащ сом мелард ныкъуэм нэблагъэ. Къищы­нэмыщIауэ, КъБР-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым къыхэкIыу зауэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм щыIэхэм папщIэ зыхуэны­къуэ техникэрэ Iэмэпсымэрэ къызэращэхун мылъку хухахащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэри цIыхухэри мы Iуэхум къызэрыпэджэжар икIи щхьэж хузэфIэкIкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхъур.
КъБР-м и Парламентри Iуэхум хэмыхьэу къэнакъым - зауэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм дзэ къалэныр щызыгъэзащIэхэм зыхуей-зыхуэны­къуэхэр нобэ аргуэру яхудогъашэ. Депутатхэм зэхалъхьа ахъшэмкIэ щIалэхэр иджыпсту нэхъ зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэр къэтщэхуащ. Республикэм и Парламентым и жэрдэмыр къыдаIыгъащ «Горец» дэрбзэр фабрикэмрэ щхьэзакъуэ хьэрычэтыщIэ Камаевымрэ.
Зыхуэныкъуэ хьэпшыпхэмкIэ ахэр къызэрызэдгъэпэщыфыр щытыкIэ гугъум ит щIалэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ щыIэ Iэмалхэм ящыщ зыщ. Ахэр иджыпсту егъэлеяуэ хуэныкъуэщ ди гулъытэрэ дэIэпыкъуныгъэрэ. Апхуэдэ Iуэхум ухэмыхьэныр къезэгъыркъым. Дызэгъусэу сыт хуэдэ ­гугъуехьми дыпэлъэщынущ, - жиIащ АфэщIагъуэ Михаил. 

Поделиться: