ЗэIущIэхэр

Къалащхьэм и уэрамхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI цIыхухэм я зэхуэсыпIэу, зыгъэ­псэхупIэу щыт щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэу­нэтIауэ.

Хабзэр гъэбыдэнымкIэ къалэнхэм хоплъэ

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм Хабзэр щыхъумэнымкIэ зэзыгъэуIу зэхуэсымрэ КъБР-м Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советымрэ зэщIыгъуу къызэрагъэпэща зэIущIэр. Ар къыщызэIуихым республикэм и унафэщIым жиIащ: «Коррупцэм пэщIэтыныр къэрал властым и органхэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ зэпымыууэ зэгугъупхъэ къалэнщ. Коррупцэр нэгъэсауэ зэи зы щIыпIи щагъэкIуэдыфакъым, ауэ абы ткIийуэ зэрыбгъэдыхьэпхъэр, ар икъукIэ ди псэукIэм зэран къызэрыхуэхъур къызыгурымыIуэ къэ­гъуэтыгъуейщ.

Псори и чэзум нэдгъэсынущ

КIуэкIуэ Казбек:

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ щIыналъэм ­зегъэужьынымкIэ Правительствэм и комиссэм и штабым и зэIущIэм. 

Дызэрыгушхуэ щIалэгъуалэ

Ди къэралым и еджапIэ нэ­хъыщ­хьэ цIэрыIуэхэм хабжэ УФ-м Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ МГИМО-р - Къэрал зэхуаку зэхущыты­кIэ­хэмкIэ институту (университету) Москва дэтыр. Къы­зэрызэIуахрэ илъэс 80-м нэса еджапIэр институтищрэ фа­культетипщIу зэхэтщ. Абыхэм щоджэ студент мини 10-м ­щIигъу. Ди гуапэ зэрыхъу-        щи, МГИМО-м щIэныгъэ нэхъыщ­хьэ щызэрагъэгъуэт Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыщ цIыху 30-м щIигъум, ас­пирантхэри яхэту. Абыхэм иджыблагъэ яхуэзащ ди республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

Муниципалитетхэр я зэфIэкIхэм еблэжыркъым

Муниципалитетхэм я лэжьыгъэм щыхэплъэ зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я Iэтащхьэхэр.

Набжэрыху

ЛIыхъужь хъуну зэи щIэ­хъуэпсакъым Махъсымэ. ­И­ гъу­нэр ещIэж. Ауэ зи пэ лъы ивэжауэ    дэтхэми ящыщкъым. ФIыуэ къэзы­лъагъу цIыхуфIхэр пщIэ къы­хуэзымыщI фыгъуэнэдхэм нэхърэ щынэхъыбэкIэ, зы адыгэлI ирокъу. Сыт къыщIамылъагъуныр?

ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил я гъуазэу

Урысхэм «Железная» зыфIаща бгым пэгъунэгъу псы хущхъуэхэм я гугъу урысхэм япэу яхуэзыщIар нэ дохутыр цIэрыIуэ Гааз Фридрихщ. Езым и пэ абыхэм ятетхыхьа Паллас Пётр зытепсэлъыхьа псыхэр къилъы­хъуэу, офицерхэми дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ ­къекIуэкIащ Гааз зыкъомрэ. Щэнейрэ Шотландием къикIа чыристан духьэшыхэм я псэупIэ Каррас къыщежьэурэ, Бещто лъэныкъуэкIэ щылъыхъуащ, ауэ игъуэтакъым.
 

КIуэкIуэ Казбек хуэзащ УФ-м лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыхуэзащ Урысей Федерацэм лэжьыгъэмрэ социальнэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Котяков Антон.

Ди щIыналъэм и зэфIэкIхэр зэпалъытащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэ­жьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий. ЗэIущIэм щы­хэплъащ республикэм щы­Iэ социально-экономикэ щы­тыкIэм, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ дзэ ­опе­рацэ хэхар щрагъэкIуэкI щIы­пIэм зи къалэнхэр щы­зы­гъэзащIэ зауэлIхэм зэра­дэIэпыкъу щIыкIэм.

Егъэджэныгъэ IэнатIэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэр

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жылагъуэм дежк1э мыхьэнэ хэха зиIэ ухуэныгъэ инхэмкIэ штабым тхьэмахуэ къэс зэхишэ зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ щIыналъэм щекIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэрызэпэщым, абы ехьэлIауэ зэхъулIэхэмрэ щыIэ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэмрэ.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр