Къалащхьэм и уэрамхэмрэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ ирагъэфIакIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI цIыхухэм я зэхуэсыпIэу, зыгъэ­псэхупIэу щыт щIыпIэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэу­нэтIауэ.

Иджыблагъэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къиплъыхьащ Налшык къалэм и къуэ­кIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ сымаджэщхэмрэ Къуэ­кIыпIэ псэупIэ хьэблэщIэмрэ хуэкIуэ гъуэгур, абы и Iэшэлъашэхэр. КIуэкIуэ Казбек жиIащ мы уэрамыр зэрызэрагъэпэщыжынур. Абы теухуа проект-сметэ тхылъхэр ягъэхьэзыр, 2023 гъэм ирагъэкIуэкIыну гъуэгу лэжьыгъэхэм хагъэхьэн папщIэ. Транспорт зекIуапIэр къагъэщIэрэщIэжынущ, лъэс зекIуапIэхэр щIэуэ ящIынущ, иджырей уэздыгъэхэр щыфIадзэнущ, щхъуантIагъэхэр щыхасэнущ. Щоджэным и цIэр зезыхьэ уэрамымрэ Уэрам цIыкIумрэ я зэблэкIыпIэм хуэзэу иджырей сквер щащIынущ. Абы зыгъэ­псэхупIэхэр, къэкIухьыпIэхэр, щыджэгу, спортым зыщыхуагъасэ щIыпIэхэр иIэнущ.
Республикэм и УнафэщIым зыхуэфащэ IуэхущIапIэхэм яхуигъэува пщэрылъхэм япкъ иткIэ зэIузэпэщ ящIынущ медицинэ IуэхущIапIэ ину зыбжанэ къызэщIэзыубыдэ сымаджэщ къалэ цIыкIум и щIыналъэри.
«Махуэ къэс мыбы цIыхуищэ бжыгъэхэр къокIуэ ди республикэми, ди гъунэгъу щIыналъэхэми къикIыурэ. Мы щIыпIэм жылагъуэ мыхьэ­нэшхуэ иIэщ. Абы къыхэкIыу къабзэлъабзагъэрэ зэIузэпэщ щытыкIэрэ къыщызэгъэпэщын ­хуейщ», - жиIащ Iэтащхьэм.

Поделиться: