|
ЗэIущIэхэр
22 августа, 2022 - 15:54
«Сыт сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сызэритхьэкъуфынур? Сэ къурш лъагэхэр, мэз Iувхэр, псыкъелъэхэмрэ зи гъунэм унэмыплъыс губгъуэхэмрэ зиIэ Адыгэ республикэм сыщыщщ!» - ахэр и гупсысэу «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалым къэкIуа, Красногвардейскэ къуажэм къыщыдэкI «Дружба» газетым и корреспондент Ковалевэ Иринэ и «шэрхъ репортажыр» Налшыкрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ хузэхилъхьа уэрэдым хэдэу, бзэ дахэкIэ итхыжащ.
22 августа, 2022 - 13:47
Железноводск курорт-къалэм гъубжым щекIуэкIащ «Инфорум» журналистхэм я егъэджэныгъэ форум. Ставрополь крайм и Правительствэмрэ Урысей и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэIущIэм хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм къищынэмыщIауэ хэтащ медиаэкспертхэр, политологхэр, къэрал унафэщIхэр. «Планёрка» зи фIэщыгъэ зэхыхьэм и темэ нэхъыщхьэу щытащ иужьрей зэманым зэбграгъэх хъыбарыщIэ нэпцIхэм зэрапэщIэтыну Iэмалхэр.
20 августа, 2022 - 08:56
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа зи чэзу «муниципальнэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум, бюджет IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэм зэрыхагъэхъуэнум, унэхэр гъэплъыным, жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным, гъэ еджэгъуэщIэмрэ республикэм и илъэси 100-р гъэлъэпIэнымрэ зэрыхуэхьэзырым.
20 августа, 2022 - 07:47
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек нарткъалэдэсхэм ехъуэхъуащ къалэр зэIузэпэщ щIынымкIэ проект нэхъыфIхэр къыщыхах Урысейпсо зэпеуэм зэрыщытекIуам папщIэ.
20 августа, 2022 - 06:00
ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ правительствэ комиссэм хэтхэм я зэIущIэ мэрем кIуам иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. Абы щытепсэлъыхьащ лъэпкъ, федеральнэ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъумрэ абы и лъэныкъуэкIэ хэгъэгухэм зыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ.
17 августа, 2022 - 10:00
«Си щIыпIэ жыжьэ» зэпеуэм хэтахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ зыплъыхьакIуэхэм я нэ къызыхуикI Iуащхьэмахуэ лъапэм, Шэджэм псыкъелъэхэм, Гуэл ЩхъуантIэхэм яшат. Псоми я нэгу щIэкIар зыуэ, ауэ зэрытепсэлъыхь бзэр зэмыщхьу, дэтхэнэ журналистми и Iэдакъэ къыщIэкIащ «Шэрхъым тесу ятха репортаж». Мы тхыгъэр зей Евушкинэ Людмилэ Пензэ областым хыхьэ, Сердобск къалэм къыщыдэкI «Сердобские новости» газетым щолажьэ.
15 августа, 2022 - 11:19
Адыгэ Республикэм щыщ Виятик Викторие щылажьэр Мейкъуапэ къыщыдэкI «Красное знамя» газетырщ. «Си щIыналъэ жыжьэ» зэпеуэм хэту «Шэрхъым тесу ятха репортажым» ар щытепсэлъыхьыжащ Гуэл ЩхъуантIэхэм зэрыщыIам.
13 августа, 2022 - 07:53
Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ абы хэтхэм я зи чэзу зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэхэу Къуныжь МуIэед, Хъубий Марат, УФ-м и Президентым и лIыкIуэу Ипщэ Федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Мэкъуауэ Тимур сымэ.
12 августа, 2022 - 11:40
«Мыгъэрей «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык щокIуэкI», - къыддогуашэ и нэгу щIэкIахэр къызэрыщыхъуамкIэ Адыгэ республикэм къыщыдэкI «Маяк» газетым и корреспондент Васильевэ Нафисэ.
6 августа, 2022 - 16:47
КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ IущIащ Федеральнэ казначействэм и управленэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм и унафэщI IутIыж Шумахуэ.
Страницы
|