|
ЗэIущIэхэр
25 июня, 2022 - 12:06
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алийрэ КъБР-м промышленностымкIэ, энергетикэмрэ сатумкIэ и министр Iэхъуэбэч Щамилрэ щыIащ Налшык дэт «ВоенТекстильПром» промышленность псынщIэмкIэ IуэхущIапIэм икIи хуэзащ абы и къызэгъэпэщакIуэ Атэлыкъ Аслъэн.
25 июня, 2022 - 12:00
КIуэкIуэ Казбек хэтащ видео-конференц IэмалкIэ Мэзкуу щекIуэкIа УФ-м и Правительствэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ Урысей Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ УФ-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ хозяйствэмкIэ и министр Файзуллин Ирэк.
25 июня, 2022 - 06:10
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым дыгъуасэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.
22 июня, 2022 - 14:55
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къипщытащ хабзэхъумэхэм папщIэ Московскэ уэрамым щаухуэ псэупIэ унэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр.
Ухуэныгъэр и кIэм щынагъэс щIыпIэм, Налшык къалэм и Московскэ уэрамым тет I2-нэ унэм деж зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар КъБР-м щыIэ МВД-м еухуэ «Жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымрэ щIэпхъаджагъэм пэщIэтынымрэ» федеральнэ инвестицэ программэм хыхьэу икIи республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэщIащ.
19 июня, 2022 - 14:55
КIуэкIуэ Казбек Санкт-Петербург щекIуэкI Дунейпсо экономикэ форумым щыхуэзащ Кавказ.РФ IуэхущIапIэм и генеральнэ директор ТIымыжь Хьэсэн. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ ХъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ (IT) парк Налшык къыщызэIуахыным епха лэжьыгъэхэр зэрекIуэкIым. ПроектыщIэм цIыху куэд къызэщIиубыдэнущ.
19 июня, 2022 - 13:44
XXV Дунейпсо экономикэ форумым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэмрэ «Промсвязьбанк» ПАО-мрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа зэгурыIуэныгъэ щызэращIылIащ. Абы щыхьэт техъуэ дэфтэрым Iэ щIадзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Промсвязьбанк» ПАО-м и унафэщI Фрадков Пётррэ.
19 июня, 2022 - 11:27
Дызэрыщыгъуазэщи, мэкъуауэгъуэм и 15 - 18-хэм Санкт-Петербург къалэ щокIуэкI «ЭкономикэмкIэ къэрал зэхуаку форум» зыфIаща зэIущIэшхуэм и 25-нэ зэхуэсыгъуэу «ПМЭФ-2022» зи нагъыщэр. Абы лэжьыгъэ IуэхукIэ щызрихьэлIахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Удмурт республикэхэм я лIыщхьэхэри.
19 июня, 2022 - 10:44
Санкт-Петербург къалэм мы махуэхэм щекIуэкI Дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) и лэжьыгъэм хэту, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ УФ-м и Правительствэм и нэIэм щIэту лажьэ Аналитикэ центрым и унафэщI Калинин Константин. Абыхэм Iэ традзащ КъБР-м и Правительствэмрэ Аналитикэ центрымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа дэфтэрым.
19 июня, 2022 - 09:28
Санкт-Петербург щекIуэкI XXV Дунейпсо экономикэ форумым хэту КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ «Ростуризм»-м и унафэщI Догузовэ Заринэрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэ-защ. Ахэр тепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм турист IэнатIэм зегъэужьынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм.
18 июня, 2022 - 07:35
Ныбжьэгъу лъапIэхэ!
Медицинэм и лэжьакIуэм и махуэмкIэ си гум къыбгъэдэкIыу сынывохъуэхъу!
Страницы
|