ЗэIущIэхэр

Егоровэ Татьянэ: «Хэкупсэ нэс фызэрыхъуным шэч къытесхьэркъым»

Депуев Хаким и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №2-м накъыгъэм и 25-м, адрей курыт еджапIэхэми хуэдэу, иужьрей уэз­джынэр къыщеуащ.

ХьэрычэтыщIэхэм гъуэгу ират

ХьэрычэтыщIэхэм я махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек еблэгъащ Республикэм хьэ­рычэт Iуэхухэм зыщегъэужьынымкIэ и центрым.

УIэгъэ хъуа сэлэтхэм Путин Владимир яхуэзащ

УФ-м и Президент Путин Владимир Урысей ­Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и нэIэм щIэту лажьэ, Мандрыкэ П. В. и цIэр зезыхьэ, дзэм къулыкъу щызыщIэхэм щеIэзэ госпиталь нэхъыщхьэм щыIащ. Къэ­рал уна­фэщIым щIыгъуащ УФ-м зыхъумэ­жыныгъэмкIэ и министр Шойгу Сергей.

И чэзум зэфIэкIынущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэ ядригъэ­кIуэкIащ щIыналъэ, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэ­хэм. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.

ХъыбарегъащIэ IэнатIэм щылажьэхэм я зэIущIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм къыщыдэкI газетхэм я унафэщIхэм я зэIущIэ иджыблагъэ щек1уэк1ащ «Баксанский вестник» газетым и редакцэм.

ХьэрычэтыщIэхэм яIущIэнущ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокурор Хабаров Николай КъБР-м Хьэ­рычэты­щIэхэм я хуитыныгъэхэр хъу­мэнымкIэ и уполномоченнэ АфэщIыж Юрэ щIыгъуу хьэрычэтыщIэхэм яхуэзэнущ 2022 гъэм накъыгъэм и 16-м сыхьэт 14-м.
КъулыкъущIэхэм яIущIэну зи мурадхэм республикэм и прокурорым цIыхухэм зыкъызэрыхуагъазэм хэплъэ­нымрэ егъэблэгъэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь ЗэкIурей Заур нэхъ пасэу зрагъэтхын хуейщ. Абы папщIэ екIуэлIэн хуейщ мы хэщIапIэм: КъБР, Налшык къалэ, Кулиевым и уэрам, 16, пэш 101-м, телефоныр - 40-03-70.

ЛIэщIыгъуэр зи ныбжь

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ библиотекэм ЛъахэхутэмкIэ и къудамэм иджыблагъэ зэIущIэ гъэщIэгъуэн щекIуэкIащ. Ар теухуат къызэралъхурэ дызэрыт илъэсым илъэси 100 ирикъу адыгэ бзэщIэныгъэлI цIэрыIуэ Урыс Хьэталий. Зи гъащIэр щIэныгъэм езыта цIыху щэджащэр ягу къагъэкIыжыну, я гукъэкIыжхэмкIэ щIалэгъуалэм ядэгуэшэну зэIущIэм кърихьэлIащ щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, ныбжьыщIэхэр.

ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ комиссэм и зи чэзу зэIущIэм

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэр ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ къэрал комиссэм и зэIущIэм хэтащ. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и ­Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Хуснуллин ­Марат. ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ ­УФ-м Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-комму­нальнэ хозяйствэмкIэ и министр­ ­Файзуллин Ирек, къэрал къулыкъущIапIэ зыбжанэм я IэщIагъэлIхэр.

ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Оперативнэ штабыр республикэм щыпсэухэмрэ абы             и хьэщIэхэмрэ йохъуэхъу дгъэлъэпIэну махуэш­хуэхэмкIэ икIи ахэр къыхуреджэ сакъыныгъэмрэ терроризмэм зыщыхъумэнымрэ хуэунэтIа хабзэхэр ягъэзэщIэну:
- щытыкIэ къызэрымыкIуэхэр, дыкъэзыу­хъуреихьхэм я дежкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъунухэр къэвмыгъэхъу;
- автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм деж щывгъэув;

Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «щIыналъэ сыхьэт». Абы хэтащ Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ­Хъубий Марат, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащ­хьэ­хэр.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр