ЦIЫХУР ЗЫХУЩЫIЭР ЦIЫХУРАЩIустаз Гуащокъуэ Абдулбакъий нэхъыбэм зэрацIыхур дин ущиякIуэущ. Ауэ ущиякIуэм прозэуи усэуи литературэм и хъугъуэфыгъуэхэм хыубжэфыну зэдзэкIыгъэ къызэрымыкIуэхэр иIэщ. Апхуэдэхэм я зы щапхъэ фи пащхьэ ныдолъхьэ.
Хъалифэхэм ящыщ гуэрым Мысырым (Египет) усакIуэхэр иригъэблэгъат. Зы щIалэжь, и дамэм кхъуэщын кумбыгъэ тету, псы къригъэхъуэну кIуэрэ пэт, мо усакIуэ гупым яхуозэ. Захегъэпшахъуэри, я гъусэу макIуэ. Къеблэгъахэр хъалифэм егъэлеяуэ къигъэхьэщIэу здэщысхэм, мо лIы щыгъыныджэ бэлэбанэу кхъуэщын кумбыгъэ зыIыгъым тохуэ и нэр. ЙоупщI:
- Ухэт? СыткIэ дыбдэIэпыкъуфыну? – жеIэри.
ЩIалэр къопсалъэри жеIэ:
- Мы гупыр, я шы-уанэхэр зэщIакъузауэ,
Уи хы зыкъэзыIэтамкIэ къакIуэхэу щыслъагъум,
Си кхъуэщын кумбыгъэр сIыгъыххэти, сакъыдэкIуащ.
Арати, хъалифэм унафэ ещI:
- Мы щIалэм и кхъуэщыным дыщэ-дыжьын из фщIы! – жеIэри.
Мобы дыщэр из хуащIауэ щилъагъум, зыхуэмышэч гуэрхэм: «Уа хъалифэ! Мы щIалэр акъылкъым, былымкъым, мы ептам и пщIэр къыгурыIуэнукъым, ирипхъынурэ тIысыжынущ»,- жаIэну хуожьэ.
АрщхьэкIэ хъалифэм : «Ар езым и былымщи, зэрыхуей ищIыну хуитщ»,- жеIэри, зарегъэущэху.
ХьэщIэ гупыр къежьэжа иужь, мо щIалэр уэрамым дохьэри, и нэ къыфIэнэу зыхуигъэфащэм яритурэ, дыщэ кхъуэщыныр еунэщI. Ар зэхэзыхыжа хъалифэм къыррегъаджэри йоупщI Iуэхур зэрыщытымкIэ. ЩIалэми жэуап кърет:
- ФIыр зи бэу диIэхэр я былымкIэ къыдотэ.
Дэри фIыр зи бэу диIэхэм я былымкIэ дотэж.
А жэуапыр егъэлеяуэ зигу ирихьа хъалифэм аргуэру унафэ ещI:
- Мы щIалэм и кхъуэщыныр пщIэнейрэ из хуэфщI, - жеIэри.
ЩIалэри къопсалъэри КъурIэным щыщ псалъэуха жеIэ:
«Iэлхьэсэнэту бигьэшри Iэмсалихьа» - «лэжьыгъэфIым къыпэкIуэр хуэдипщIщ».
Аращи:
ЦIыхур зыхущыIэр цIыхуращ,
ПщIэ мыгъэкIуэдыныгъэ я зэхуаку дэлъыху.
Гугъури тыншри ехъулIэгъуэрэ къыщыщIыгъуэрэкIэщи, блокI.
Псэ зыIутым я нэхъ упсэрейр сыт хуэдэлIра, жыпIэмэ,
Зи IэдакъэщIэкIкIэ цIыху цIыкIум я гузэвэгъуэ дэкIращ.
ФIы лэжьыныгъэкIэ Iэбэныр щызэпумыгъэу зым и дежи,
КъыбгурыIуэу екIуэкIыху махуэхэр зэрычэзур.
Уигу игъэлъ Алыхь IэщIагъэм и дахагъыу уэ узыщIар:
ЦIыхухэр уэ пхуэныкъуэрэ, уэ ахэм уахуэмыныкъуэу.
Гуп дапщэ щыIэ лIэжахэу, ауэ ялэжьар мылIауэ,
Гуп дапщи щыIэ псэухэу, ауэ цIыхум я деж щылIауэ.
Поделиться:
Читать также:
12.02.2026 - 16:16 →
Тхыдэм щыхьэт хуэхъу уэрэдыжьхэр
12.02.2026 - 14:10 →
Макъамэ гъуазджэр зыгъэбея
11.02.2026 - 15:47 →
Лъэныкъуэ куэду зэтопщIыкI
11.02.2026 - 11:01 →
ЛIыхъужьыгъэмрэ уэрэдыжьхэмрэ
10.02.2026 - 12:26 →
ЛIыхъужьыгъэм и напэкIуэцIхэр къызэрагъэдзэкIыжурэ
| ||




