ЗэIущIэхэр

ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм къапэщылъ Iуэхухэр

УФ-м ЩIэныгъэмрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зэIущIэм КъБКъУ-м и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ хэтащ. Ар теухуат дунейм щыщыIэ хъуа щытыкIэм елъытауэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм я лэжьэкIэ хъунур зыхуэдэм, еджэныгъэмрэ щIэныгъэ лэжьыгъэмрэ къызэпымыудауэ и мардэм тету егъэкIуэкIын зэрыхуейм.

КъызэтеувыIэнукъым

КIуэкIуэ Казбек Москва щыIущIащ «ЭКО-культура» агропромышленнэ холдингым и президент Рудаков Алек­сандр. Ахэр тепсэлъыхьащ ди республикэм щащI, Кавказ Ищхъэрэм щынэхъ ин хуа­бэщ зэхэтым и Iуэхур здынэсам.

Ухуэныгъэхэр къызэтрагъэувыIэркъым

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу хэтащ ЩIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ Правительствэ комиссэм и президиумым хэтхэм я зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат.

Гулъытэ щхьэпэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Прохладнэ къалэм щыIущIащ ар зи хэщIапIэ 31681-нэ дзэ пакIэм хэт дзэлIхэм. 

Iуэхугъуэ куэд къызэщIрагъэубыдэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ ­гъатхэпэм и 24-м зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

Экономикэм и лъабжьэр ягъэбыдэ

Урысей Федерацэм и Къэрал советым экономикэм ­шэ­щIауэ зиужьынымкIэ и лэжьакIуэ гупым хэтхэм я селектор зэIущIэ екIуэкIащ.

Езауэ Анзор зыхэта нэтын занщIэ

КъБР-м и Правительствэм интернетым щиIэ напэкIуэцIымрэ VK интернет-утымрэ иджыблагъэ щекIуэкIащ КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор и нэтын занщIэ.

Зэпыу ямыIэу мэлажьэ

Урысей Федерацэм транспортымкIэ и министр Савельев Виталий видеозэпыщIэныгъэ IэмалхэмкIэ иригъэкIуэкIа зэхыхьэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

ЩIыналъэхэм я хуитыныгъэхэм хагъахъуэ

УФ-м и Президент Путин Владимир иджыблагъэ Москва щригъэкIуэкIащ къэралым хыхьэ щIыналъэхэм социаль­но-экономикэ унэтIыныгъэхэмкIэ защIэгъэкъуэным щы­тепсэлъыхьа селектор зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

КъБР-м и Iэтащхьэр Кърымыр Урысейм зэрыхыхьэжрэ илъэси 8 зэрырикъум и щIыхькIэ республикэм щыпсэухэм зэрехъуэхъур

«ПщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ!
Ди къэралым егъэлъапIэ Кърымыр Урысейм къызэрыгухьэжрэ илъэси 8 зэрырикъур.
Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэ куэд щыпсэу ди къэралым дежкIэ а тхыдэ къэхъукъащIэм ипэжыпIэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ, Кърым, Севастополь Республикэхэм я  цIыхухэм я гъащIэм зэхъуэкIыныгъэш­хуэхэр щигъуэта лъэхъэнэщ ар.
Сигуми си псэми къабгъэдэкIыу мыхьэнэшхуэ зиIэ махуэмкIэ сохъуэхъу щIыналъэхэм я Уна­фэщIхэу Аксенов Сергейрэ Развожаев Михаилрэ, Кърымымрэ ди къэралымрэ я цIыхухэм.

Страницы

Подписка на RSS - ЗэIущIэхэр