|
ЗэIущIэхэр
19 февраля, 2022 - 10:53
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыIущIащ бгъэIэпхъуэ мыхъу мылъкухэм ехьэлIа проектхэмрэ активхэмкIэ управленэм и унафэщI, «ВЭБ. РФ» къэрал корпорацэм и правленэм хэт Тарабрин Александр.
19 февраля, 2022 - 07:40
КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа «щIыналъэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ республикэм и эпидемиологие щытыкIэм, лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэми. Абыхэм ятеухуа я еплъыкIэхэр зэIущIэм къыщаIуэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, абы и япэ къуэдзэ Къуныжь МуIэед, республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам сымэ.
12 февраля, 2022 - 15:26
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат иригъэкIуэкIащ цIыхухэм я узыншагъэр хъумэным, ковидыр зыкърыкIахэм я узыншагъэр зэтегъэувэжыным ехьэлIа лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэныр зи пщэрылъ къулыкъущIапIэхэм я зэдэлэжьэныгъэр нэхъри щIэгъэхуэбжьэным теухуа зэIущIэ.
12 февраля, 2022 - 09:28
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэм тету хэтащ УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и Япэ къуэдзэ Белоусов Андрей иригъэкIуэкIа зэIущIэм.
12 февраля, 2022 - 09:28
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Къэрал Советым «Транспорт» унэтIыныгъэмкIэ и комиссэм онлайн щIыкIэу иригъэкIуэкIа зэIущIэм.
29 января, 2022 - 10:33
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм я дохутыр нэхъыщхьэхэр зыхэт зэIущIэ иригъэкIуэкIащ.
22 января, 2022 - 10:13
КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ видеозэпыщIэныгъэкIэ Правительствэ комиссэм и зэIущIэу Москва щекIуэкIам. ЩIыналъэхэм я зыужьыныгъэм траухуа Iуэхугъуэр иригъэкIуэкIащ УФ-м и Правительствэм и вице-премьер Хуснуллин Марат.
22 января, 2022 - 09:12
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий видеконференц мардэм тету иригъэкIуэкIа зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ КИФЩI-м щыIэ санитар-эпидемиологие щытыкIэмрэ коронавирус узыфэ зэрыцIалэм зэрыпэщIэтынымкIэ хэкIыпIэхэмрэ.
22 января, 2022 - 08:10
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэр зи нэIэ щIэт Новак Александррэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэIущIащ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым и социально-экономикэ щытыкIэм тепсэлъыхьащ, республикэм щыIэ псэукIэр егъэфIэкIуэным теухуа проект зыбжани къыхагъэщхьэхукIащ. Новак Александр и гуапэу къыхигъэщащ 2021 гъэм щIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэлажьэ лъэпкъ проектхэр республикэм нэсу гъэзэщIа зэрыщыхъуар. Тепсэлъыхьахэщ щIыналъэм туризмэм зыщегъэужьыным, спорт IуэхущIапIэщIэхэр ухуэным, нэгъуэщIхэми.
Страницы
|