Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «щIыналъэ сыхьэт». Абы хэтащ Правитель­ствэм и УнафэщI Мусуков Алий, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ­Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI ­Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, КъБР-м и Прави­тельствэм и УнафэщIым и къуэдзэ ­Хъубий Марат, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащ­хьэ­хэр.

ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Iуэхугъуэ зэ­мылIэужьыгъуэ куэдым, лъэпкъ проектхэмрэ федеральнэ программэхэмрэ мы зэман ­гугъум зэрагъэзэщIэфри хэту. Республикэм и пашэм унафэ ищIащ а лэжьыгъэхэм пэрыт IуэхущIапIэхэм ахэр зэрагъэзащIэм и фIагъымрэ ­ягъэува пIалъэм къыкIэрымыхуу зэрызэфIагъэкIымрэ ткIийуэ кIэлъыплъын хуейуэ.
Республикэм и Премьер-министр Мусуков Алий зэрыжиIамкIэ, ди щIыналъэм мы зэманым щагъэзащIэ проекти 6. Ахэр я тегъэ­щIапIэу зэраухылIакIэщ зэгурыIуэныгъи 169-рэ. Ар мэхъу щыIэн хуей зэгурыIуэныгъэхэм я процент 96-рэ.
- БлэкIа илъэсым еплъытмэ, мы гъэм апхуэ­дэ лэжьыгъэхэр нэхъ псынщIэу зэфIэгъэкIа ­мэхъу, - къыхигъэщащ Мусуковым. - Лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэным къыхуаутIыпща ­мылъкур мы зэманым хуэдитIкIэ нэхъ псынщIэу къагъэсэбэп. Зи гугъу сщIа проекти 6-м ящыщу 2-р зэфIэкIакIэщ. Ахэр «Творческэ цIыхухэр» проектымрэ «Кхъахэ хъуа унэхэм цIыхухэр къыщIэгъэIэпхъукIауэ псэупIэщIэхэм гъэIэп­хъуэн» программэмрэщ. Апхуэдэу курыт школхэр зэгъэпэщыжыным епха лэжьыгъэ псори яубзыхуащ, яублащ.
ЗэIущIэм апхуэдэу щытепсэлъыхьащ псы зэрыкIуэ бжьамийхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, цIыхухэм я псэупIэхэм газ ешэлIэным ехьэлIа Iуэхугъуэхэми. Псы зэрыкIуэ бжьамийхэр щIэ­кIэ щызэрахъуэкIынущ объект 13-м. Абыхэм ­хеубыдэ Куба, Къулъкъужын Ищхъэрэ, Сэр­макъ, Лашынкъей, Нартан, Былым, Къулъ­къужын Ипщэ, Анзорей, Старэ Шэрэдж, Къа­рэ-Су, Бабугент, Къэщкъэтау къуажэхэмрэ Тэрч къалэмрэ я псы жапIэхэр. Псори зэгъу­сэу къапщтэмэ, щIэкIэ яхъуэжыну бжьамийхэм я кIыхьагъщ километр 50. Псы къыщIэшыпIэуи 4 пхраубруукIынущ. Газ яхущIэшэным утеп­сэ­лъыхьмэ, щIыналъэхэм щыхоплъэж а лэжьыгъэр зэрекIуэкIыну пIалъэхэм. Ар дызэрыт мазэм и кIэух пщIондэ зэфIэкIынущ.
КIуэкIуэм къызэрыхигъэщамкIэ, лъэпкъ ­проектхэр зэрагъэзащIэм зы унэтIыныгъэкIи кIэрыхуакъым, уеблэмэ нэхъ псынщIэу лэжьыгъэхэр щызэфIагъэкI щыIэщ. Псы зэрыкIуэ бжьамийхэр къэгъэщIэрэщIэжыным, щIэхэр ухуэным хухахауэ щытащ сом меларди 5-м нэс. А мылъкур зрахьэлIэнухэм ящыщщ Бахъсэн псы жапIэ бжьамийхэр, Налшык щаухуэ псэупIэ унэщIэхэм екIуалIэ псы жапIэхэр, Азау губ­гъуэм къыщыщIэдзауэ Эльбрус жылэм нэс  псы фIейр зэрыIуашу щыIэ бжьамийр, нэ­гъуэщIхэри.
- Дэ ди къалэнщ лъэпкъ проектхэмрэ фе­деральнэ программэхэмрэ япыщIа лэжьыгъэхэр нэсу, къызыхуэтыншэу, фIагъышхуэ яIэу зэфIэдгъэкIыну. Ар ди экономикэм зе­зыгъэужь хэлъхьэныгъэшхуэщ, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. - Лъэпкъ проектхэм мы гъэм ху­хахащ сом мелард 12-м щIигъу. А ахъшэр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и экономикэм хуо­лажьэ.
ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм ирихьэлIэу ди республикэм къыщызэрагъэпэщыну «Полк уахътыншэм» щытепсэлъыхьым, щIыналъэм и Iэтащхьэм къыхигъэщащ ар цIыхухэм я жэрдэму зэрыщытыр.
- Мыбдеж нэхъыщхьэ дыдэр Iуэхум хэтыну ­гукъыдэж зыщI псоми апхуэдэ Iэмал еты­-нырщ, - жиIащ абы. - Гулъытэ хуэщIыпхъэщ цIыхухэм я шынагъуэншагъэм. АбыкIэ зэдрелажьэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ щIыпIэхэм уна­фэр щызезыгъакIуэ къулыкъущIэхэмрэ. Махуэшхуэр хуэфэщэну Iэтауэ егъэкIуэкIын ­хуейщ.

Поделиться: