Гъатхэпежьэ удз гъэгъахэр

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат. ХьэщIапIэрынэр зэрыемыкIур абы ищIэрти, зимыгъэгувэмэ, нэхъыфIу къилъытащ. Гъуэгу техьэжын ипэ Уэсгуащэм мурад ещI мэзым кIуэну. Абы фIэфIт щIэх-щIэхыурэ щIымахуэ мэзым зыщиплъыхьын, уэсбзууплъымрэ цIыжьдадэмрэ я уэрэд жьгъырухэм щIэдэIун. А цIыкIухэм я фIыгъэкIэ щIымахуэ мэзыр даущынши зэшыгъуи Уэсгуащэ къыщыхъуртэкъым. Уаем щымышынэ а бзухэр Уэсгуащэм и ныбжьэгъут.
Мэзым щIыхьа къудейуэ борэныр къыкъуэуащ, уэс пхъашэр кърихьэкIыу. Ари и нэщэнэт щIымахуэр и кIэм зэрынэблэгъам.
Дыгъэ нэбзий фагъуэ къарууншэхэр жыг къудамэхэм къалъэIэсащ. Абдежым уэсбзууплъымрэ цIыжьдадэмрэ я уэрэдхэр Уэсгуащэм и тхьэкIумэм къиIуащ. Къуалэбзухэр зыр адрейм пэджэжырт. Уэсгуащи абыхэм ядожьу. Макъамэр уэздыгъейм щылъэIэсым, жыг къудамэхэм заутхыпщIащ. Абы къыбгъэдэт зэрыджей щхьэкIэм къыпына зэрыджэ закъуэтIакъуэхэр къэпсыIащ. Уэсгуащэ етIысэхри, уэс IэмыщIэ къищтащ: ар псыIэт икIи хьэлъэт. Абы и гур къызэфIэнэри, и дыжьын нэпсхэр и нэкIущхьэм къытелъэдащ. Ахэр щилъэщIыжым, нэпсхэр еткIухри, щIым куууэ хыхьащ. Уэсгуащэ зэщыджэу гъыуэ мэзым къыхэкIыжащ. Уэсбзууплъымрэ цIыжьдадэмрэ я уэрэдхэмкIэ ар ирагъэжьэжырт. Езы Уэсгуащэри кIуэрт, и нэпс къежэххэр щIым зэрыхэткIуэм гу лъимытэу. Ауэ телъыджэракъэ: нэпсхэр зыхэткIуа щIылъэм удз гъэгъа хужьхэмрэ шэжыпсыфэ-фагъуэхэмрэ къыхэпщырт. А цIыкIухэр щIымахуэ шхыIэн чэтхъахуэм Iэрамэ-Iэрамэурэ къиплъхэрт. Я щхьэумэ цIыкIухэр ехьэхами, къызытехьа дунейр яфIэгъэщIэгъуэнти, зэзэмызэ къыдэплъейхэрт. Ауэ абыхэм нэгъуэщI удз гъэгъахэр щамылъагъукIэ, нэщхъей къэхъужырт: «Ди закъуэ мы мэзым къыщыкIыр?» - жаIэурэ. Ауэ куэд дэмыкIыу мэз хуейм аргуэру зы удз къыщыгъэгъащ. А цIыкIур апхуэдизкIэ щтэIэщтаблэти, зиIэтыщакъым. Абы лъахъшэмэ, щIылъэм и гъунэгъумэ, нэхъ къищтащ. Ауэ и нэ шакъафэ цIыкIухэр къицIыщхъукIыу, нэфIэгуфIэу зиплъыхьырт. А нэщIэпкIэрщ къэзылъэгъуар чыцэ щIагъым кIэщIэт удз гъэгъахэр. Тхьэмпэ бгъуфIэшхуэхэм дзыхьмыщIу налкъут щыгъэхэр къыкъуэплъхэрт.
Гъатхэм пежьа удз гъэгъахэм сыт зэреджэр?
Поделиться:

Читать также: