ЦIыхухэр сакъыну къыхураджэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Оперативнэ штабыр республикэм щыпсэухэмрэ абы             и хьэщIэхэмрэ йохъуэхъу дгъэлъэпIэну махуэш­хуэхэмкIэ икIи ахэр къыхуреджэ сакъыныгъэмрэ терроризмэм зыщыхъумэнымрэ хуэунэтIа хабзэхэр ягъэзэщIэну:
- щытыкIэ къызэрымыкIуэхэр, дыкъэзыу­хъуреихьхэм я дежкIэ шынагъуэ къэзышэнкIэ хъунухэр къэвмыгъэхъу;
- автотранспортыр абы хухэха щIыпIэхэм деж щывгъэув;
- хьэпшыпхэм, автомашинэхэм шэч яхуэф­щIамэ, апхуэдэуи теракт ирагъэкIуэкIыну му-рад зэраIэм, къагъауэ Iэмэпсымэхэр, пкъы­гъуэхэр цIыхухэм зэраIыгъым фыщыгъуазэмэ, щIэпхъаджагъэ лэжьыным пыщIахэм ятеухуа хъыбар гуэр къыфIэрыхьэмэ, хабзэхъумэ Iэ­натIэхэм икIэщIыпIэкIэ хъыбар евгъащIэ;
- хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэмрэ цIыху куэд щызэхуэс Iуэхухэр щекIуэкIкIэ хаб-зэр къызэгъэпэщынымкIэ жэуап зыхьхэмрэ ­къагъэувхэр вгъэзащIэ.
Дэтхэнэ зы хъыбарри нэсу къапщытэнущ, ­къаIэрыхьа псоми ятеухуа Iуэхухэр зэфIагъэ­кIынущ, цIыхухэм я шынагъуэншагъэр къызэгъэпэща хъун папщIэ.
Шэч зыхуащIхэм ятеухуа хъыбарыр КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым къезыгъэщIахэм я цIэ къраIуэнукъым, апхуэдэуи республикэм щып­сэухэм фIыщIэ хуащI зэрызэхащIыкIым ­папщIэ.
«Линэ пщтыр» телефонхэр:
- КъБР-м щыIэ Оперативнэ штабым: 48-15-48;
- Урысей ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм: 48-15-81 (дзыхь зрагъэз телефон);
- КъБР-м щыIэ МВД-м: 40-49-10 (плъыр часть), 49-50-62 (дзыхь зрагъэз телефон);
- Урысейм и Следственнэ комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм: 77-64-22 (дзыхь зрагъэз телефон);
- Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу ­КъБР-м щыIэм: 39-99-99 (плъыр часть).

 

КъБР-м щыIэ Оперативнэ штаб.
Поделиться: