Зэманым къигъэувхэр

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым ды­гъуасэ зи чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ.

Абы къыщащтащ КъБР-м и Правительствэм и акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным ­теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектыр. КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис жиIащ законопроектымкIэ зэхъуэкIыныгъэ зэрыхалъхьэр республикэм Къалэн куэд щагъэзащIэ и центрхэм къэрал, муни­ципальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрыщыхуащIэм и фIагъым хэгъэхъуэным, апхуэдэуи административнэ мардэхэр нэхъ мащIэ щIынымкIэ комиссэм и къызэгъэпэщыкIэм.
КъищынэмыщIауэ, Рахаевым утыку кърихьащ «Зыуэ щыт федеральнэ хъыбарегъащIэ регистрым къыщыхьахэр зэрагъэбелджылы Iуэхухэр къэщтэным теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектыр. Къэпсэлъам зэрыжиIамкIэ, федеральнэ регистрым къыщагъэлъэгъуэнущ Урысей Федерацэм щыпсэухэм, хамэ къэралхэм къикIауэ зэпымыууэ ди къэралым щыIэхэм, апхуэдэуи УФ-м щыщу нэгъуэщI къэралхэм щып­сэухэм ятеухуа тхыгъэхэр. Псалъэм папщIэ, абы итынущ цIыхум и цIэ-унэцIэр, адэцIэр, къыщалъ­хуар, и унагъуэр, дзэ къулыкъум щыIа-щымыIар, нэгъуэщI куэди. Апхуэдэуи «Къэрал Iуэхутхьэбзэ­хэр» порталым щаIэ напэкIуэцIым зэрихьэфыну- ри абы щIыгъунущ, дэтхэнэми идентификацэ ­бжыгъэ щхьэхуэ иIэнущ (пхъуэж мыхъуу). Регист­рыр зи нэIэ щIэтынур Федеральнэ налог IэнатIэрщ, ар псори зыхуей хуэгъэзауэ ягъэхьэзырын хуейщ 2025 гъэм дыгъэгъазэм и 31 пщIондэ.
Республикэ унафэщIхэр арэзы техъуащ «КъБР-м и Правительствэм и акт щхьэхуэхэм зэхъуэкIы­ныгъэхэр хэлъхьэнымрэ КъБР-м и Правительст-вэм 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 21-м къыдигъэкIа и унафэ №257-ПП-мрэ 2021 гъэм мэкъуауэгъуэм и 18-м къищта унафэ №134-ПП-мрэ къару ямыIэжу къэлъытэным теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектым.
ЗэIущIэм арэзы щытехъуащ гъуэгухэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр 2022 гъэм ягъэзэщIэн папщIэ, республикэ бюджетым къыхэкIыу муниципальнэ щIыналъэхэм субсидиехэр зэрытрагуашэм теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектым. КъБР-м транспортымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и министр Ды­щэкI Аслъэн жиIащ субсидиехэр зратыну муниципальнэ щIыналъэхэм щыхэплъэм къызэралъытар нэхъапэIуэкIэ хуаутIыпща ахъшэр къызэрагъэсэбэпа щIыкIэр, абы тещIыхьауэ Налшык къалэ ок­ругыр къызэрыхахар.
Республикэ унафэщIхэр арэзы техъуащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, ФIэ­кIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэмкIэ феде­ральнэ фондым, КъБР-м и Правительствэм медицинэ дэIэпыкъуныгъэр пщIэншэу цIыхухэм къы­зэрыхузэрагъэпэщ щIыналъэ программэр 2022 гъэм, 2023 - 2024 гъэхэм зэрагъэзэщIэнум теухуа я зэгурыIуэныгъэм и проектым.
ЗэIущIэм къыщащтащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр» КъБР-м и къэрал программэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектыр.
- Дэфтэрым хэтлъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр зэхьэ­лIар КъБР-м и Iэтащхьэм театр гъуазджэм хухих ахъшэ саугъэтыр зратым и бжыгъэр 3-м къы­щы­щIэдзауэ 4-м нэгъэсынырщ. Ухуэныгъэ лэжьыгъэм къыщагъэсэбэпхэм я уасэм зэрыхэхъуар къэлъы­тауэ, щэнхабзэмкIэ IуэхущIапIэхэр зэгъэпэщы­жы­ным УФ-м и Правительствэм и гъэтIылъыгъэ фондым щхьэхуэу къыхухигъэкIащ сом мелуани 9-рэ мин 746,75-рэ. Ар зыхуэгъэзар Налшык къалэм дэт НыбжьыщIэ театрыр зэгъэпэщыжынырщ.
- 2022 гъэм «Моя провинция» урысейпсо фес­тивалыр зэрекIуэкIынум зыхуэгъэхьэзырынымкIэ къызэгъэпэщакIуэ комитетым хэтхэр убзыхуным теухуауэ КъБР-м и Правительствэм и унафэм къы­щыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным хыхьэу, ди мурадщ телевиденэм щытрах фильмхэмрэ нэтынхэмрэ я 23-нэ урысейпсо зэхьэзэхуэр едгъэкIуэкIыну, ар Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрыунэхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу къызэдгъэпэщыну. Абы къыхэкIыу къыхэтлъхьа проектымкIэ бюд­жет ахъшэр щIэрыщIэу ятыдогуэшэж «Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэ», «Хъыбархэм елэжь жылагъуэ» къэрал программэхэм, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин.
КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектищыр теухуауэ щытащ КъБР-м къарукIэ зэщIэузэда и IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэм ящыщу Донбассым ще­кIуэкI Iуэхухэм я къалэн щагъэзащIэу фэбжь зы­гъуэтахэм, гугъуехь хэхуахэм ахъшэкIэ защIэгъэ­къуэным. КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэ­пыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим зэ­рыжиIамкIэ, дэфтэрхэр ягъэхьэзыращ КъБР-м и Iэ­­тащ­хьэмрэ Правительствэм и УнафэщIымрэ я пщэрылъкIэ.
ЗэIущIэм къыщащтащ «КъБР-м и туризмэм зе­гъэу­жьыным хуэгъэзауэ субсидиехэр зэрат щIы­кIэм арэзы техъуэным теухуауэ» КъБР-м и Правительствэм и унафэм и проектыр.
- УФ-м и Правительствэм 2022 гъэм накъыгъэм и 22-м къыдигъэкIа унафэм тету, федеральнэ бюд­жетым къыхэкIащ республикэм и туризмэм ехьэ­лIа инфраструктурэр егъэфIэкIуэным теухуа жы­лагъуэ жэрдэмхэр ядэIыгъыным хуэгъэзауэ сом мелуан 62-рэ, кемпингхэмкIэ къызэгъэпэщыным - сом мелуан 84-рэ, туризм инфраструктурэм зе­гъэу­жьынымкIэ къэрал программэхэр гъэ­зэ­щIэ­ным - сом мелуани 108-рэ. Дэфтэрым къыщыдгъэ­лъэгъуащ ахъшэ  зы­ху­хах Iуэхухэмрэ субсидиехэр къэзыхьынухэр зэрагъэбелджылы щIы­кIэмрэ, - къыхигъэщащ КъБР-м зыгъэп­сэ­ху­пIэ­хэмрэ туризмэмкIэ и министр Що­джэнцIыкIу Мурат.
 

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: