Налшык щыIэнущ IT-парк

КIуэкIуэ Казбек Санкт-Петербург щекIуэкI Дунейпсо эко­номикэ форумым щыхуэзащ Кавказ.РФ IуэхущIапIэм и гене­ральнэ директор ТIымыжь Хьэсэн. ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ ХъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ (IT) парк Налшык къыщызэIуахыным епха лэжьыгъэхэр зэре­кIуэкIым. ПроектыщIэм цIыху куэд къызэщIиубыдэнущ.

«Къытпэщылъ къалэнхэр дубзыхуащ. Псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, проектым хабзэкIэ иубыдыну увыпIэм, абы ­мылъкурэ Iэмэпсымэу текIуэдэнум, хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ ­паркымрэ цIыхухэм я цIэ-я щхьэ къэзыпщытэ центрымрэ яху­хэтхыну щIыпIэм, нэгъуэщIхэми я гугъу тщIащ. А паркым къы­-дигъэхъулIэнущ экономикэм и къудамэ зэмылIэужьыгъуэхэр ­бжыгъэр зи тегъэщIапIэ дэфтэр хъумэкIэм хуэгъэкIуэн къалэ­-ныр. Абы хеубыдэ IэщIагъэлIхэр гъэхьэзырын, IT Iэмэпсымэхэм зегъэу­жьын, адрейхэм япедгъэуэфын IэмалыщIэхэр зэгъэпэ­-щын мурадыр. Аращи щIэныгъэр зи лъабжьэ IэмэпсымэщIэхэр къэдгупсысу, ахэр тхуэщэу дыхъунущ», - щетхыж КъБР-м и Iэтащхьэм и телеграм-каналым.
Кавказ.РФ IуэхущIапIэм КIуэкIуэ Казбек иджыри щыхуэзащ «Остров Аквакультура» компанием и унафэщIхэм. Иужьрейм жэрдэм ищIащ бдзэжьей къуэлэн щагъэхъуну, иджырей зэманым декIуфыну хозяйствэ ин къызэригъэпэщыну. КъБР-м и Прави­тельствэмрэ Кавказ.РФ IуэхущIапIэмрэ ар республикэм щагъэлэжьэну я мурадщ.

Поделиться: