Ухуэныгъэр зэрекIуэкIым кIэлъоплъ![]() Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ, полицэм и генерал-лейтенант Павлов Василий къипщытащ хабзэхъумэхэм папщIэ Московскэ уэрамым щаухуэ псэупIэ унэм лэжьыгъэр зэрыщекIуэкIыр. Ухуэныгъэр и кIэм щынагъэс щIыпIэм, Налшык къалэм и Московскэ уэрамым тет I2-нэ унэм деж зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар КъБР-м щыIэ МВД-м еухуэ «Жылагъуэ хабзэр къызэгъэпэщынымрэ щIэпхъаджагъэм пэщIэтынымрэ» федеральнэ инвестицэ программэм хыхьэу икIи республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным хуэщIащ. Къат бгъурыбгъу хъу корпуситIым, метр зэбгъузэнатIэ мин 12-м къэзыубыдым, хэтынущ иджырей зэманым къиугъэвым хуэкIуэ фэтэри 144-рэ. Абыхэм ящыщу 51-р зы пэш, 62-р пэшитI, 31-р – пэшищ мэхъу. Лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIащ. Иджы яужь итщ электрокIапсэхэр укъуэдииным. Йолэжь пэш кIуэцI блынхэр гиспкIэ къищIыкIыным, пэшхэр зэрагъэхуэбэну, псыр фэтэрхэм зэрыкIуэну, къагъэсэбэпар зэрыIуашыну бжьамийхэр зэбгрышыным.
Поделиться:
Читать также:
02.07.2022 - 16:33 →
Дыбэлэрыгъ хъунукъым
02.07.2022 - 10:24 →
УхуэныгъэщIэхэр яубзыху
26.06.2022 - 14:41 →
Музейм щахъумэнущ ТекIуэныгъэм и сэшхуэр
25.06.2022 - 15:06 →
Къэрал мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэ
19.06.2022 - 14:27 →
Зэрызэдэлэжьэнур ягъэбелджылы
|