Псысэм ухэтым ещхьу«Сыт сэ Къэбэрдей-Балъкъэрым сызэритхьэкъуфынур? Сэ къурш лъагэхэр, мэз Iувхэр, псыкъелъэхэмрэ зи гъунэм унэмыплъыс губгъуэхэмрэ зиIэ Адыгэ республикэм сыщыщщ!» - ахэр и гупсысэу «Си щIыпIэ жыжьэ» фестивалым къэкIуа, Красногвардейскэ къуажэм къыщыдэкI «Дружба» газетым и корреспондент Ковалевэ Иринэ и «шэрхъ репортажыр» Налшыкрэ абы и Iэгъуэблагъэмрэ хузэхилъхьа уэрэдым хэдэу, бзэ дахэкIэ итхыжащ.
«УзыIуплъэм япэу уигу къыхуэкIыр пщыгъупщэркъым. Уеблэмэ уи гъащIэ псом къыздыбохьэкI. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэрым япэ дакъикъэм щегъэжьауэ сыкъигъэуIэбжьащ. Пасэрей ухуэныгъэхэмрэ иджырей псэукIэмрэ зэгъусэу щыплъагъукIэ, гур мэпIейтей. Iэуэлъауи, пIащIи, псынщIагъи здэщымыIэ дуней щэху гуэрым укъыщыхутам хуэдэщ. Мы дурэш Iэуэлъауэншэхэм ущызекIуэурэ гупсэхугъуэм зыхебгъэлъэфэну ухуейуэ уохъу. Абы къыхохьэж нэр зыгъэгуфIэ теплъэгъуэхэм ущызымыгъащIэ хэкурысхэр. Пэжщ, пэжщ. Сыбэлэрыгъауэ сыпсалъэркъым. Налшык щыпсэухэм я нэгум гуапагъэрэ гумащIагърэ иболъагъуэ, фIы ягу къызэрыпхуилъми шэч къытумыхьэу хьэщIэхуэфIхэщ. Сыт хуэдэ упщIэкIэ захуумыгъазэми, гуфIэ мащIэ щIэлъущ жэуап къызэрыуатыр. Дакъикъитху уабгъэдэтмэ, дунейм узэрытетрэ уи нэIуасэм ещхьу хэгъэрей къыпхуохъу.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|