ГуфIэгъуэ дауэдапщэхэм зыхуагъэхьэзыр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIа зи чэзу «муниципальнэ сыхьэтым» щытепсэлъыхьащ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIа зэрыхъум, бюджет IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэм зэрыхагъэхъуэнум, унэхэр гъэп­лъы­ным, жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным, гъэ еджэгъуэщIэмрэ республикэм и илъэси 100-р гъэлъэпIэнымрэ зэрыхуэхьэзырым.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.
Мусуков Алий къызэхуэсахэр щигъэгъуэзащ ди республикэм иджыпсту лъэпкъ проект 12 зэрыщагъэзащIэм, абыхэм ящыщу 7-м щIыналъэхэм зэрыщелэжьым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Къалэхэр зэIузэпэщ щIыныр» федеральнэ проектым и фIыгъэкIэ ухуэныгъэ 13 зыхуей хуагъазэ, «Дэтхэнэ сабийми и ехъулIэныгъэ» проектымкIэ школ спорт пэшхэр зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэрагъэпэщ. «Щэнхабзэ» проектым хыхьэу ЩэнхабзэмкIэ унэу 6 къагъэщIэрэщIэж. Иджыпсту псом нэхърэ нэхъ ягъэнэхъыщхьэр курыт еджапIэхэр зыхуей хуэгъэзэнырщ. ФокIадэм и 1-м хьэ­зыр хъунущ иджыкIэ зэрагъэпэщыж школ 20-м щыщу 13-р. Адрей 7-р жэпуэгъуэ пщIондэ гувэнущ, лэжьыгъэ нэхъ гугъухэр къазэрылъыкъуэкIам къыхэкIыу. Iэтащхьэм игъэбелджылащ сыт хуэдэ ухуэныгъэми ирахьэлIэ лэжьыгъэхэм фIагъ лъагэ яIэу зэрыщытыпхъэр.
Лъэпкъ проектхэм я фIыгъэкIэ къуажэ мыинхэми, нэхъ пхыдзахэми щекIуэкI псэукIэр ирагъэфIэкIуащ. Апхуэдэу Ташлы-Тала жылэм сабий гъэсапIэ дащIыхьащ, абы дэт школымрэ ЩэнхабзэмкIэ унэмрэ зэрагъэпэщ, иджырей мардэхэм изагъэ ЩэнхабзэмкIэ унэ щаухуэ Уэзрэджи.
IуэхущIапIэхэмрэ къат куэду зэтет унэхэмрэ бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм гъэплъыным теухуауэ къулыкъущIэхэр щызэпсалъэм жаIащ а системэр иджырей мардэхэм изагъэу зэтеухуэн зэры­хуейр, дэтхэнэ унэми езым и котельнэ иIэжыныр зэрынэхъыфIыр.
 Псыр цIыхухэм зэхуэдэу зэралъэмыIэсым пыщIа гугъуехьхэм щытепсэлъыхьым Iэтащхьэм къыхигъэщащ а Iуэхум илъэсипщI бжыгъэкIэ хуэфащэ гулъытэ зэримыгъуэтам къыхэкIыу, жьы дыдэ зэрыхъуар, лэжьыгъэм Iыхьэ-Iыхьэурэ зэрыхагъэщIыр. НобэкIэ Урысейм и Правительствэм и щIэгъэкъуэнкIэ инфраструктурэ проект инхэр Бахъсэн, Налшык, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм щащI, адрей куейхэми щIыпIэ-щIыпIэкIэрэ щолэжь.
Мусуков Алий жиIащ бюджет IэнатIэм пэрытхэм я улахуэм проценти 10-кIэ шыщхьэуIум и 1-м къы­щыщIэдзауэ зэрыхэхъуэр. Апхуэдэ IуэхущIапIэу ди республикэм итщ мин 46-рэ.
КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ республикэм къыпэщылъ гуфIэгъуэ дауэдапщэхэми. Къуэдзокъуэ Мухьэмэд зэрыжиIамкIэ, ЩIэныгъэм и махуэм школхэм, хабзэ зэрыхъуам тету, линейкэхэр щекIуэкIынущ, абыхэм еблэгъэнущ КъБР-м и Парламентым и депутатхэр, Правительствэм хэтхэр, ухуакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр. Унагъуэ хуэмыщIахэм я сабийхэр школым щыхуагъэхьэзыркIэ ядэIэпыкъунущ.
ФокIадэм и 9 – 11-хэм Налшык и утыкухэм лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я фестивалхэр, щIалэгъуалэ арт-фестиваль, уэрэдыжьхэм я фестиваль, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр зыхэт концертхэр, нэгъуэщI зэхыхьэ дахэхэр щекIуэкIынущ. Абхъазым и утыкум махуитIкIэ итынущ муниципальнэ щIыналъэхэм я пщIантIэ цIыкIухэр. ФокIадэм и 10-м махуэшхуэ хьэрэкIытIэр драгъэлъэтеинущ. ЩIалэгъуалэм я Кавказ Ищхъэрэ фестивалыр - фокIадэм и 14 – 17-хэм, «КАВКАЗ МЬЮЗИК ФЕСТ» макъамэ фестивалыр шыщхьэуIум и 27 – 28-хэм щыIэнущ.
КIуэкIуэ Казбек шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыныр ар зи пщэрылъхэм къалэн быдэ ящищIащ. ЗэIущIэм хэтахэм жаIащ шыщхьэуIум и 20-р республикэпсо щIыхьэхуу зэрагъэувар. Абы хэтынущ министерствэхэмрэ ведомствэхэмрэ, щIыналъэ администрацэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: