КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек нарткъалэдэсхэм ехъуэхъуащ къалэр зэIузэпэщ щIынымкIэ проект нэхъыфIхэр къыщыхах Урысейпсо зэпеуэм зэрыщытекIуам папщIэ.
Абы теухуа хъыбар кърилъхьащ Iэтащхьэм и телеграм-каналым. КIуэкIуэм етх: «Тамбов къикIа хъыбар гуапэмкIэ сывдэгуэшэну сыхуейщ. Абы щызэхуащIыжащ псэупIэ зэIузэпэщ къызэгъэпэщынымкIэ проект нэхъыфIхэр утыку къыщрахьа VI Урысейпсо зэхьэзэхуэр. Абы щытекIуащ Аруан щIыналъэм и проект зэгъэпэщар, ар зыхухэхар районым и «Нарт» паркыр зыхуей хуэгъэзэнырт.
Зэпеуэм кърикIуахэр пщыхьэщхьэм екIуэкIа пленарнэ зэхуэсым щыжиIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил. Зэхьэзэхуэм Урысейм и хэгъэгу 75-м икIа лэжьыгъэ 280-рэ ирагъэхьащ. Абы хэплъащ архитекторхэр, къалэ ухуакIуэхэр, экономистхэр, социологхэр, щэнхабзэ щIэинхэр зыхъумэхэр, археологхэр. Зэпеуэр дяпэкIэ УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту екIуэкIынущ икIи хуаутIыпщыну мылъкум тIукIэ хэхъуэнущ - сом мелард 20-м нэблэгъэнущ.
Зэхьэзэхуэм зэрыщытекIуам и щыхьэт тхылъыр Аруан щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Ажий Валерэ къритащ Урысейм ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмкIэ и министр Файзуллин Ирек. ЦIыху мин 20-м къыщыщIэдзауэ мин 50-м нэс зыдэс къалэ нэхъ цIыкIухэм хиубыда Нарткъалэ и жыг хадэр зыхуей хуигъэзэн папщIэ сом мелуан 85-рэ къратынущ, абы къищынэмыщIауэ «Нарт» проектым щIыналъэ бюджетым щыщу сом мелуан 30 трагъэкIуэдэнущ.
Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, паркым дяпэкIэ иIэнущ лъакъуэрыгъажэкIэ къыщыбжыхь лъагъуэ, къэкIухьыпIэ, спорт щIыпIэхэр, сабий джэгупIэхэр, шхапIэхэр. Абы къищынэмыщIауэ, щэнхабзэ зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкIын хуэдэу сценэшхуэ щагъэувынущ. «Нарт» паркыр иджырей архитектурэ Iэмалхэмрэ лъэпкъым и шыфэлIыфэмрэ щызэхэухуэна теплъэ гъэщIэгъуэн зиIэ зыгъэпсэхупIэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым, абы хохьэ арт-объектхэр, архитекторхэм къагупсыса теп-лъэ гъуэзэджэхэр.
«Нарткъалэ апхуэдэ парк зэгъэпэща щыухуэныр къалэхэр зэIузэпэщ щIыным хуэгъэпса Iуэху-хэм псэукIэ, экономикэ я лъэныкъуэкIэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ. Зи гугъу тщIы проектым къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI зэхъуэкIыныгъэхэри щыIэнущ Нарткъалэ. Абы и гъуэгу нэхъыщхьэхэр, километр 20 хуэдизыр, зыхуей хуэгъэзэным сом мелуан 200 хухэтхынущ. Ар 2023 гъэм дубзыхуахэм ящыщщ. Иджыпсту сабий 500 зыщIэхуэну школыр и кIэм ныдогъэс, 2024 гъэм иджыри зы щытщIыну ди мурадщ. Апхуэдэуи иджыблагъэ екIуэкIа щIалэгъуа-лэ зекIуэм ныбжьыщIэхэр къызэрыщызгъэгугъам тету, абы щIэрыщIэу къыщызэрагъэпэщыжа щIалэгъуалэ центрым IэмэпсымэхэмкIэ садэIэпыкъунущ. Нарткъалэ си сабиигъуэм и къалэщ, илъэсипщIкIэ сыщыпсэуащ. Абы къыхэкIыу абы дэсхэм хуэдэ ды-дэу сыщыгуфIыкIащ мы текIуэныгъэм. Аруан щIыналъэм ис псоми сохъуэхъу ехъулIэныгъэщIэхэмрэ гурыфIыгъуэрэ яIэу псэуну», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.