ЦIыхубэм нэхъ япэгъунэгъу IэнатIэ

КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ ЩIыпIэ самоуправленэм зегъэужьынымкIэ совету УФ-м и Президентым и нэIэм щIэту лажьэм и зэхуэсым. Видео зэ­пыщIэныгъэ мардэм тету къызэрагъэпэща зэIущIэр ирырагъэхьэ-лIащ ЩIыпIэ самоуправленэм и махуэм. 

Советым и иужьрей зэхуэсыр теухуауэ щытащ щIыпIэ унафэщIхэм лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ я пщэрылъ Iуэхугъуэхэм. Иджырейр тращIыхьащ щIыпIэхэм унафэ щызезыгъакIуэ IэщIагъэлIхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIым хэгъэхъуэным, апхуэдэуи щIыналъэхэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным. Къэрал унафэщIым зэхуэсым хэтахэм гу лъаригъэтащ щIыпIэхэм я зыужьыныгъэм мыхьэнэ нэхъыбэ етын зэры­хуейм, апхуэдэуи къыхигъэщащ лэ­жьыгъэр нэхъ тэрэзу зэфIэзых, ­экономикэмкIэ ехъулIэныгъэхэр зы­Iэ­рызыгъэхьэ, Iуэхур зэфIэгъэкIыным мылъку къыхэзылъхьэфыну хьэры­чэ­ты­щIэхэр абы къыхузэщIэзыгъэуIуэ, хьэрычэт Iуэхум зегъэужьыным мыхьэнэшхуэ езыт унафэщIхэр зэрыгъэ­пэжапхъэри. 
Путин Владимир жиIащ: «ЩIыпIэ уна­­фэщIхэм зэфIэвгъэкI лэжьыгъэ­хэм къызэрымыкIуэу мыхьэнэш­хуэ яIэщ, сыту жыпIэмэ властым щыщу фэ­ращ цIыхухэм нэхъ гъунэгъу ды­дэу ядэ­лажьэр. ЛъэIу, Iуэху, жэрдэм зэхуэмыдэхэмкIэ зыкъыфхуэзыгъа­зэхэр къыфщогугъ набдзэгубдзап­лъэу фахущытыну, ахэр къызыте­кIухьа Iуэхухэм яхуэфэщэн гулъытэ яхуэ­фщIыну. КъызгуроIуэ фи лэ­жьыгъэм лъэпощхьэпо куэдым фы­зэ­­ры­щы­Iууэр, мылъкур къыщы­вэ­мэщIэкIи къызэрыхъур. АтIэми, ­щIы­пIэхэм уна­фэр щызезыгъакIуэ Iэ­щIагъэлIхэр ­гугъуехьхэм къапи­­мыкIуэт, хэкIыпIэ­хэр къэзыгъуэтыф цIыху пэжу, жы­джэру щытмэ, ап­хуэдэхэр зи пашэ щIыналъэхэращ зыужьыныгъэ щызрагъэгъуэтыф­хэр, ехъулIэныгъэ щы­зы­Iэрызы­гъэ­хьэфхэр». 
Президентыр хэхауэ къытеувыIащ СВО-м хэт зауэлIхэм, абыхэм я уна­гъуэхэм гулъытэ яхуэщIынымкIэ щIы­пIэ унафэхэр зезыгъакIуэхэм къалэ­ныш­хуэ зэраIэм. 
«Тхьэмахуэ къэс едгъэкIуэкI «ЩIы­пIэ сыхьэтыр», цIыхухэм дазэ­ры­Iу­щIэр, жылэхэм щIэх-щIэхыурэ ды­зэ­рыкIуэр самоуправленэм и IэнатIэхэм дазэрыдэлажьэ Iэмалхэм ящыщ зыщ. Нэгъабэ къэтпщытащ щIыпIэ-хэм унафэр щызезыгъакIуэ IэщIа­гъэлI­хэм я лэжьыгъэр. Иужьрей илъэсищым къриубыдэу Iуэхугъуэ нэхъыфI зэфIэзыхахэр щIыналъэ бюдже­тым къыхэкIыу дгъэпэжащ. Ап­хуэдэ Iуэху зехьэкIэм пытщэнущ», - жи­Iащ КIуэкIуэ Казбек, Советым и лэ­жьы­гъэм зэрыхэтам щытеп­сэ­лъы­хьы­жым. 
 А Iуэхугъуэм ар къыщытеувыIащ КъБР-м и Парламентым Зэрызыхуигъазэми. «Ди цIыхухэм я псэукIэр егъэ­­фIэкIуэнымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыпIэ самоуправленэм и IэнатIэм лэжьыгъэр зэрыщызэфIах щIы­кIэм. Абы зыужьыныгъэ игъуэ­тынущ, и мыхьэнэми хэхъуэнущ. А псори Урысей Федерацэм щыпсэухэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхухэм я ехъу­лIэ­ныгъэм зэрыхуэлэжьэнур си фIэщ мэхъу».

Поделиться: