КъызэрыкIэрыху щымыIэу

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек политикэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэ ин дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ респуб­ликэ УнафэщIым КъБР-м и Парламентым Зэ­рызыхуигъазэм. 

Зэхуэсым хэтащ Урысей Федерацэм и Фе­деральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым ­КъБР-м къыбгъэдэкIыу сенатору щыIэхэр, Къэ­-рал Думэм и депутатхэр, КъБР-м и Правитель­ствэм хэтхэр, министерствэхэм, ведомствэхэм я унафэщIхэр, къалэ, щIыналъэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я тхьэмадэхэр, политикэ партхэм я пашэхэр, журналистхэр. 
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и къэп­сэ­лъэныгъэр щригъажьэм жиIащ Украинэм ще­кIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIа щIалэхэр, абы къу­лыкъу щезыхьэкIхэм я адэ-анэхэр, волонтёрхэр зэхуэсым къызэрырагъэблэгъар. 
Республикэ УнафэщIым Парламентым Зэ­ры­зыхуагъазэм лъабжьэ хуищIащ УФ-м и Прези­-дент Путин Владимир Федеральнэ Зэхуэсым зэрызыхуигъэзам къыщыхигъэща Iуэхугъуэхэр, КIуэкIуэм къалэхэмрэ щIыналъэхэмрэ щригъэ­кIуэкIа зэIущIэхэм цIыхубэм щыжаIахэр, политикэ партхэм я лIыкIуэхэм къагъэувахэр. 
Республикэм и экономикэ, псэукIэ, политикэ щытыкIэм я гугъу ищIын ипэ къихуэу, дзэ Iуэху ­хэхам хэт зауэлIхэм фIыщIэ ин зэрахуищIыр, абы я адэ-анэхэм зэракъуэтыр, къэралым иригъэ­кIуэкI Iуэхум зэрителъхьэр жиIащ КIуэкIуэм. 
Зэрызыхуигъазэм къыхигъэщащ лъэпкъ про­ектхэр гъэзэщIэнымкIэ ди республикэр Урысей Федерацэм нэхъыфIу щылажьэхэм зэращы­-щыр, абыхэм я фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и ­IэнатIэ псоми япэ иту зэрызаужьыр, къы­зэрыкIэрыху лъэныкъуэ зыри щымыIэу хэгъэгум къалэну зыхуигъэувыжар и чэзум зэригъэза-щIэр. 
Къэралми хуэдэу, республикэми унагъуэхэмрэ абыхэм щапI сабийхэмрэ ахъшэкIэ зэрызащIи­гъакъуэр, ди лъахэм щыпсэухэм я хэхъуэр куэдкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар, гъуэгухэр зыхуей зэрыхуа­гъэзэжыр, абы папщIэ зыхуеину ахъшэр къа­зэрыIэрыхьэр, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэр зэ­ры­рагъэфIакIуэр, улахуэр Iэмал зэриIэкIэ зэрыха­гъахъуэр, щIыпIэ самоуправленэхэм, зэи къэ­мыхъуауэ, ахъшэшхуэ зэрыхуаутIыпщыр жиIащ Iэтащхьэм. 
Туризмэр республикэ экономикэм и Iыхьэ хэха къэзылэжь IэнатIэу зэрыщытым, абы къыпэкIуэ хъерым, хьэрычэт Iуэху мащIэмрэ курытымрэ зэрызаужьым, узыншагъэр хъумэн, егъэджэныгъэ, спорт, щIалэгъуалэ, щэнхабзэ, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм щалэжьхэм, дяпэкIэ я мурадхэм щхьэхуэу къытеувыIащ КIуэкIуэ Казбек. 
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: