Щхьэж и Iуэху еплъыкIэр хуиту къегъэлъагъуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ УФ-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Назаров Сергейрэ «Iуащ­хьэмахуэ» турист-рекреационнэ комплексым адэкIэ зэрызрагъэужьынум теу­хуа зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ­  КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и къуэдзэ Надыкто Владимир, «Кавказ.РФ»-м и генеральнэ унафэщI Юмшанов Андрей, къэрал министерствэхэм, зыужьыныгъэмкIэ институтхэм, «Iуащхьэмахуэ» ВТРК-м я лIы­кIуэ­хэр.

Республикэм и Iэтащхьэм Назаров Сергей фIыщIэ хуищIащ УФ-м Экономикэ зы­ужьыныгъэмкIэ и министерствэр республикэм сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуэгъу къы­зэрыхуэхъум папщIэ. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ, туризмэри хыхьэу, зыужьыныгъэ зиIэну унэтIыныгъэхэмкIэ лъэныкъуитIми я фейдэ хэлъу «Кавказ.РФ»-м дэлэжьэным мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
Назаров Сергей жиIащ республикэм и Правительствэм щIыгъуу Iуащхьэмахуэ туризм IэнатIэм зэрызыщрагъэужьынум теухуа Iуэхухэр зэрыщаубзыхуар, бгы-лыжэ спортыр егъэфIэкIуэнымкIэ лэжьыгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыр.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Урысейм и Правительствэм Iуащхьэмахуэ дунейпсо мардэм хуэкIуэу бгы-лыжэ курорт къыщы­зэгъэ­пэщынымкIэ къыхилъхьа проектыр егъэзащIэ. 2022 гъэм абы зыщагъэпсэ­хуащ турист мин 580-м нэблагъэм, ар нэгъабэ щыIам нэхърэ процент 48-кIэ нэхъы­бэщ. АдэкIи я мурадщ инвестицэ Iуэху­хэр ирагъэфIэкIуэну. «Iуащхьэмахуэ» зыгъэпсэхупIэм щекIуэкI ухуэныгъэхэм ­заужьыхукIэ, шэч хэмылъуи, абы текIуадэ мылъкуми хохъуэ.
«Кавказ.РФ»-м и унафэщI Юмшанов Андрей къызэригъэлъэгъуамкIэ, къа­лэ­- у­хуэ, щIы-мылъку IуэхухэмкIэ щыIа гугъуехь­­­хэр псори зэфIахащ, щIыналъэм къехьэ­лIа дэфтэрхэр мэлыжьыхьым и 24 пщIондэ республикэм и Правительствэм и пащ­хьэ иралъхьэнущ.
Къагъэлъэгъуахэм ящыщу экономикэ щIыналъэ щхьэхуэу плIым инвестор лъэщу 15 къыщIэупщIащ. Къапщтэмэ, инвесторхэр дэзыхьэхыр туризмэм пыщIа Iуэхухэм я за­къуэкъым.
Тырныауз бгыгъэбатэ комбинатым и лэ­жьыгъэр зэтеублэжыныр къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ икIи абы и лъэныкъуэкIэ Iуэху пыухыкIахэр респуб­ликэм щрагъэкIуэкI. Назаров Сергей зэрыжиIамкIэ, а проектым хухаха мылъкум хэгъэхъуэнымкIэ къэрал унафэ ­къащ­тащ. Ар гъэзэщIа хъумэ, абы цIыху 1200-рэ лэжьыгъэ IэнатIэкIэ къызэри­гъэ­пэщынущ. «Мы мазэм и кIэм ирихьэлIэу а Iуэхур зэтеувэнущ. ИджыпстукIэ Уна­фэщIхэм я Советыр хоплъэж. «ВЭБ.РФ» къэрал корпорацэми «ВТБ» банкми я ­кредит комитетхэм унафэхэр къащтащ», - къыхигъэщащ УФ-м экономикэ зыужьы­ныгъэхэмкIэ и министрым и къуэдзэм.
Апхуэдэу къэрал дэIэпыкъуныгъэкIэ щIыналъэм щагъэзащIэ АПК-м, псэупIэ ухуэныгъэм, IT-технологием епха инвестпроектхэр.
Назаров Сергей инвестицэ Iуэхухэм теухуа зэIущIэ республикэм и хьэры­чэ­ты­щIэхэм ядригъэкIуэкIащ. Ахэр теп­сэ­лъыхьащ щIыналъэм и зыужьыныгъэм, абы щрагъэкIуэкIыну ухуэныгъэхэм, лэ­жьыгъэ IэнатIэхэр къызэгъэпэщыным, хьэ­рычэтыщIэ Iуэху цIыкIум­-рэ курытымрэ, кредит дэIэпыкъуныгъэхэм, нэгъуэщI куэдми. Щхьэж и Iуэху еплъыкIэр хуиту къыщагъэлъагъуэу екIуэкIа зэIущIэм къы­щыпащэнущ накъыгъэ мазэм зэхэтыну Кавказ инвестицэ гъэлъэгъуэныгъэм.

Поделиться: