Унагъуэмрэ абы и лъапIэныгъэхэмрэ

КъБР-м и Парламентым Лэ­жьы­гъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэ­нымкIэ и комитетым зэIущIэ щекIуэкIащ. Ар теу­хуауэ щытащ унагъуэмрэ абы и лъапIэныгъэхэмрэ быдэу хъума хъун папщIэ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым къыщагъэсэбэп Iэмалхэм.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительст­вэмрэ я лIы­кIуэу КъБР-м и Парламентым щыIэ ДыщэкI Мадинэ, хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и депутатхэр, зи ­гугъу ящI Iуэхур зи нэIэ щIэт министерствэхэмрэ къулыкъущIапIэхэм­рэ щылажьэхэр. Ар къыщызэIуихым Пар­ламентым ЛэжьыгъэмкIэ, социальнэ политикэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и коми­тетым и унафэщI Къэжэр Хъусен жиIащ унагъуэ лъапIэныгъэхэр хъумэным мыхьэнэшхуэ иIэу къэралым къы­зэрыщалъытэр.
- Уасэ хуэщIыгъуейщ уна­гъуэм цIыхум дежкIэ иIэ мы­хьэнэм, абы къыхэкIыу а Iуэхум гулъытэ хэха щегъуэт къэрал унафэхэми. Псалъэм къыдэ­кIуэу жыпIэмэ, УФ-м и Президентым иджыблагъэ къыдигъэкIащ урысей псэкупсэ лъапIэныгъэхэр хъумэным теухуа къэрал политикэм и лъабжьэр гъэувыным теухуа унафэ.
Унагъуэ хуэмыщIам и тегъэщIапIэ нэхъыщхьэр къэрал дэIэпыкъуныгъэращ. УФ-м и Президентым гъэ къэс Федеральнэ Зэхуэсым Зэры­зыхуи­гъазэм къыщыхегъэщ хуэмы­щIа­хэм, бынунагъуэшхуэхэм ядэ­­Iэпыкъуныр. ПсэукIэр тынш пщы­зыщI хэкIыпIэ псори уна­гъуэхэм къаху­зэгъэпэщыныр иджыпсту япэ ирагъэщ къа­лэнхэм ящыщщ.
Гулъытэ зыхуэщIыпхъэхэм ящыщу къэбгъэлъагъуэ хъунущ унагъуэ ухуэнымрэ ар зы­хуей хуэзэу гъэ­псэунымрэ теу­хуа щапхъэхэр цIыху­хэм егъэ­лъагъуныр, унагъуэм ис­хэм я зэхуаку дэлъ пщIэм, нэхъы­жьыр зэрагъэлъапIэм, сабийр ­зэ­ра­гъасэм нэхъыбэ кIэ­лъы­гъэп­лъыныр. Унагъуэ дахэмрэ абы щызекIуэ хабзэмрэ мы­хьэнэшхуэ яIэщ жылагъуэмрэ къэралымрэ я зыу­жьыныгъэм дежкIэ, - къыхигъэщащ депутатым.
КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэ­щыжынымкIэ и министрым и къуэдзэ Романовэ Еленэ теп­сэлъыхьащ унагъуэмрэ абы и лъапIэныгъэхэмрэ хъума     хъун папщIэ ящIэхэм. А Iуэхум лъэ­ныкъуитIкIэ йолэжь иджыпсту къу­лыкъущIапIэр: «Демография» лъэпкъ проектым хыхьэ «Сабий къызэрыхъуа унагъуэм ахъшэкIэ дэIэпыкъун» щIыналъэ проектымкIэ, Социальнэу хуэныкъуэхэм защIэзыгъакъуэ центрхэм сабийхэмрэ уна­гъуэмрэ яхуищI гулъы­тэмкIэ.
Романовэм къызэхуэсахэм я пащхьэ ирилъхьащ 2022 гъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэр, нэхъыбэу зытригъэщIари, «Са­бий къызэрыхъуа унагъуэм ­ахъ­шэкIэ дэIэпы­къун» щIыналъэ проектыр зэрагъэзэщIарщ, абы нэгъабэ сом меларди 3,8-рэ хухахащ. Япэ сабий къызэрыхъуа унагъуэ 11050-м сом мелард 1,5-рэ иратащ, ещанэ, къыкIэлъыкIуэ сабий къызэрыхъуа унагъуэ 11320-м - сом меларди 2. Сабий къалъхуам ­папщIэ занщIэу ят ахъшэм хуэ­дэу сом мелуан 37,48-рэ уна­гъуэ 10678-м ихьащ.
ПсэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат уасэм и Iыхьэу сом мелуан 203,33-рэ бынунагъуэшхуэ мин 11-м иратыжащ, ар Iуэхутхьэбзэхэм щIата ахъ­шэм и процент 30 хуохъу уна­гъуэм. Апхуэдэ ахъшэу сом мини 172,4-рэ иратыжащ сабий къэзыхьауэ зыпI унагъуип­лIым, ар псэупIэ-коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэм щIат уасэм и процент 50-щ.
Сабий гъэсапIэм зи бын езышалIэ унагъуэ 4167-м я сабий 5707-р гъэсапIэм зэрыкIуэм щIат уасэм и Iыхьэу къэралым яритыжащ сом мелуан 25-рэ, бынунагъуэшхуэу 166-м я псэу­пIэр ирагъэфIэкIуэн  папщIэ сом мелуан 41,25-рэ иратащ. Гъэ еджэгъуэщIэм бынуна­гъуэшхуэхэм, унагъуэ хуэмы­щIахэм къахэкIахэу, ныкъуэдыкъуэу, адэ-анэм я нэIэ щIэмы­тыжу къэна сабий 2588-м сом мин щырыщ хуха­хащ, псори зэхэту сом мелуни 7,8-рэ мэхъу, ар щэбэт щIыхьэхум къы­хэкIа ахъшэщ.
Бынитху е нэхъыбэ зыхуей хуэзэу зыпIа бзылъхугъэ 21-м «Анэм и щIыхь» медалыр ­хуагъэфэщащ нэгъабэ, абыхэм я бын дэтхэнэми сом мин 30 хуэзэу ахъшэ тыгъэ хуа­щIащ. СабиипщI къыщыхъу зы уна­гъуэм «Газель» микроавтобус иратащ.
2022 гъэм цIыху 89,1-м (сабий мини 123,44-м) сабий ахъшэ иратащ. Абы папщIэ Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и бюджет зэхэлъым сом меларди 10,6-рэ къыхигъэкIащ.
Илъэси 3-м щегъэжьауэ илъэ­сиблым нэс зи ныбжь сабийуэ 48738-м мазэ къэс сабий ахъшэ ират, ар унагъуэу 34586-м йохьэ.
УФ-м и Президентым къыдигъэкIа унафэм ипкъ иткIэ, 2022 гъэм мэлыжьыхьым и 1-м щегъэжьауэ мазэ къэс ахъшэ ират илъэси 8-м къыщыщIэдзауэ илъэс 18 зи ныбжь сабийхэм. А унафэр зыхуей хуэзэу щагъэ­защIэ ди республикэми.
Романовэ Еленэ тепсэ­лъы­хьащ унагъуэхэмрэ сабийхэмрэ щадэ­Iэпыкъу центрхэм ирагъэ­кIуэкI лэ­жьыгъэм. 2022 гъэм къриубыдэу апхуэдэ центрхэм щадэIэпыкъуащ цIыху 12506-м. Къэралым и нэIэ щIигъэкIыркъым гугъуехь пэщIэхуа ныбжьыщIэхэмрэ ахэр къыщыхъу унагъуэхэмрэ. Ахэр зыгъэпIейтейм теухуауэ къепсэлъэн Iэ­щIагъэлI щагъуэт центрхэм, ап­хуэдэуи псэукIэр тынш ящы­зыщI, я хуитыныгъэхэр хъума зэрыхъун чэнджэщхэр.
Унагъуэм и пщIэр къэ­Iэтыным, балигъыпIэ имыува ныбжьыщIэхэм лей къатемыгъэхьэным хуэгъэпсауэ 2022 гъэм центрхэм щекIуэкIащ лекцэхэр, зэпеуэхэр, гъэлъэгъуэ­ныгъэхэр, «стIол хъурейхэр», адэ-анэхэм я упщIэхэм я жэуап щагъуэт зэIущIэхэр. Минист­рым и къуэдзэм къыхигъэщ­хьэ­хукIащ Украинэм ще­кIуэкI дзэ Iуэху хэхам щыIэ щIалэхэм я унагъуэхэм гулъытэ хэха зэ­ры­хуащIыр.
Унагъуэмрэ абы и лъапIэныгъэ­хэмрэ хъумэным теухуауэ ялэжьхэм тепсэлъыхьащ ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министрым и къуэ­дзэ Мысост Екатеринэ, щIалэгъуа­лэ IуэхухэмкIэ министрым и къуэдзэ Ахъмэт Артур сымэ. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, ахэр программэ хэхахэмкIэ жы­джэру ядолажьэ ныбжьы­щIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ икIи унагъуэр хэт дежкIи зэрылъапIэр, абы япэ ибгъэщ хъун зэ­ры­щымыIэр, хэкупсэу, лъэп­къым и хаб­зэмрэ щэнхабзэмрэ плъы­тэу дунейм утетыным мы­хьэнэшхуэ зэриIэр гурагъаIуэ, абы теухуа зэIущIэхэр, зэпсэ­лъэ­ныгъэхэр ирагъэкIуэкI. Ап­хуэдэуи спортымрэ щIалэгъуа­лэ зэгухьэныгъэхэмрэ жану хэ­тыну къыхураджэ, къыдахьэх.
КъБР-м Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэ­щыжынымкIэ и министерствэм Унагъуэмрэ са­бийхэмрэ­­ ­социальнэу ядэIэпы­къунымкIэ и центрым и унафэщI Темро­къуэ Оксанэ тепсэлъыхьащ унагъуэхэр щытыкIэ гугъу имы­хуэным, бэлыхь хэхуахэр а щы­тыкIэм къишыным теухуауэ ящIэм.
ЖаIахэр къыщызэщIакъуэ­жым, депутатхэр тепсэлъыхьащ СВО-м хэтхэм я унагъуэхэм, зи закъуэ анэхэм гулъытэ нэхъыбэ яхуэщIын зэрыхуейм, нэгъуэщI­­хэми.

Поделиться: